Календарь событий

18 апреля 2025

Гъусэ зэшхэм я лIыгъэр

1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм теухуа тхыгъэ, нэтын куэд хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щызокIуэ мы зэманым. Абыхэм иджыри зэ къыщыгъэлъэгъуэжа мэхъу а мафIае илъэсхэм совет цIыхубэм щызэрихьа лIыхъужьыгъэр, къыкъуэкIа хахуагъэр. Апхуэдэуи щытопсэлъыхьыж фронтым и щIыбагъ къыдэнахэм ТекIуэныгъэр нэхъ щIэхыIуэу зыIэрагъэхьэным хуащIа хэлъхьэныгъэ инхэм. Ди къэралышхуэм зы унагъуи исакъым, дауи, а зауэжьым и мафIэм куэд-мащIэми имылыпщIа, абы зи Iыхьлырэ благъэрэ хэмыкIуэда. 

Я ныбжьэгъухэрат къепцIыжыр

Тхыдэр политикэм и гъуджэщ икIи абы къощ дзэм къэралым властыр щытридз куэдрэ къызэрыхъуар. Я нэхъыбэми ар къызэзыгъэпэщыр мис а властым игъэфIа, ар зыIыгъхэм ныбжьэгъу яхуэхъуа цIыхухэрт. Апхуэдэхэр еплъыжыркъым цIыхугъэми напэми, емыкIуми - политикэ иным ахэр щызекIуэркъым. Абы и щапхъэр гъунэжщ.

ЕМКЪУЖ Мухьэмэд: Псори фIым къыдокIуэ

Ди псэлъэгъухэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым ДзюдомкIэ и федерацэм и тхьэмадэ, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Емкъуж Мухьэмэд иджыблагъэ зыхуэдгъазэри дзюдом и Iуэхур республикэм зэрыщыщытым, спортсмен ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэм тедгъэпсэлъыхьащ. 

Спорт хъыбархэр

НыбжьыщIэхэр зэпоуэ
Космонавтикэм и махуэр ягъэлъапIэу алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ Налшык къалэм дэт «Налшык» спорт комплексым щрагъэкIуэкIащ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Шэшэным, Къалмыкъым, Адыгейм, Ставрополь крайм я спортсменхэр, псори зэхэту цIыху 300-м щIигъу. Республикэм и пщIэр зэхьэзэхуэм щаIэтащ Шэджэм, Тэрч, Лэскэн щIыналъэхэм, Жаным Аслъэн и цIэр зэрихьэу Налшык дэт спорт еджапIэм я бэнакIуэхэм. 

КъызэраIуэтэжымкIэ…

 Щхьэ щIэлъэныкъуэм теухуауэ зэхуэхьэса хъыбархэм дыщрохьэлIэ Интернетым. Абыхэм ящыщ зыбжанэ къыдохь.

Фэеплъхэм гулъытэ хуащI

Нобэ, мэлыжьыхьым и 18-м, Фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ я дунейпсо махуэщ.
Щэнхабзэ щIэинхэр хъумэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ фэеплъхэмрэ тхыдэм епха щIыпIэхэмрэ. Аращ цIыхубэр хуэсакъыу а ухуэныгъэхэмрэ щIыпIэхэмрэ я нэIэ щIытрагъэтыр. Тхыдэ, щэнхабзэ фэеплъхэр хъумэнымкIэ урысейпсо зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ щIыналъэ къудамэр (ВООПИК) илъэс 50-м щIигъуауэ мэлажьэ, архитектурэ мыхьэнэ зиIэ унэхэр, фэеплъхэр зыхуагъэувахэмрэ ахэр зыгъэувахэмрэ цIыхубэм щамыгъэгъупщэу, щIэблэр а псом щагъэгъуазэу.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 18, мэрем
Фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
Радиор фIыуэ зылъагъухэм, ар зэпкърылъхьэным дихьэххэм я дунейпсо махуэщ
1970 гъэм Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ «Мадинэ» япэ адыгэ оперэр ягъэуващ.
1953 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Балъкъэр Руслан.
                                           Дунейм и щытыкIэнур

Лъэпкъыр нэхъыщхьэу зытегузэвыхьыр

Зи цIэр жыжьэ Iуа щIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Урысей Федерацэм щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ пщIэ зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэжьакIуэ пажэ БакIуу Хъанджэрий Илас и къуэр куэд щIауэ лъэпкъ газетым, радиом, телевиденэм ядолажьэ. Нобэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ хъуами журналист IэщIагъэм щIэхъуэпсу зэрыщытар абыкIэ иригъэкъужу къыщIэкIынщ, цIыхубэм щIэныгъэ яхихьэныр и гуращэу.