Календарь событий

20 апреля 2025

Я хьэлъагъ елъытауэ

Мы гъэм мэлыжьыхьым и 14-м Дагъыстэным и Хасавюрт къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм алыдж-урым бэнэ­кIэмкIэ балигъхэм я чемпионат. Зэхьэзэхуэм хэтащ къэралым и щIыналъэхэм я бэнакIуи 132-рэ, абыхэм ящыщу 15-р Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ, икIи ехъулIэныгъэфIхэр ди щIалэхэм щызыIэрагъэхьащ. 

Иджы Пензэ ирагъэблагъэ

Мэлыжьыхьым и 10-м щы­щIэ­дзауэ махуищкIэ Пензэ къалэм и НыбжьыщIэ теат­рым и лэжьыгъэ нэхъыфIхэр япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щигъэлъэгъуащ, «Большие гастроли» урысейпсо Iуэхум хыхьэу. Ар УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ ирагъэкIуэкI.

УэсхэкIыкI-уэсчэсей-ажэгъуэмэ

1984 гъэм Инджылызым япэ дыдэу мэлыжьыхьым и 19-р Ажэгъуэмэм и махуэу щаIэтащ. Абы иужькIэ, куэд дэ­мыкIыу, а Iуэхур ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм, Урысей Федерацэри яхэту, гъэлъэпIэн щыщIадзащ.  
 
ГъэщIэгъуэнщ, ажэгъуэ­мэм­ ла­тиныбзэкIэ фIаща Galanthus псалъэм «шэ къызыщIэувэ удз гъэгъа» егупсысыкIэм дызэры­хуишэри. Сыту жытIэмэ, зи ­гугъу тщIы къэкIыгъэ пасэ цIыкIу­хэр теплъэу яIэмкIэ хуумы­гъэ­фэ­щэну хужьыбзэщ, ­къы­­зы­хэпщ уэсым и фэм къы­­зэрыщхьэщыкI щымыIэу.