|
Календарь событий
21 апреля 2025
21 апреля, 2025 - 16:15
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ инфляцэр, илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, Кавказ Ищхъэрэми УФ-ми щынэхъ цIыкIущ, къитащ Урысей Банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм.
21 апреля, 2025 - 16:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Аруан районым Техник ныбжьыщIэхэм я станцу щыIэм ЩIалэгъуалэм хэкупсэ гъэсэныгъэ ябгъэдэлъхьэнымкIэ и къудамэм махуэ Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ.
Абы хэтахэм Интернет IэмалкIэ зыпащIащ зи гугъу тщIы зэгухьэныгъэм хуэдэхэу Беларусым хыхьэ Гомель областым и Речицкэ районымрэ Бобруйск къалэмрэ къыщызэрагъэпэщахэм хэт щIалэгъуалэм.
Теле-лъэмыж щIыкIэу ягъэпса зэIущIэр зэхашащ зи цIэ къитIуа станцым и унафэщI Нало Юрэрэ зи гугъу тщIа къудамэм и тхьэмадэ Гулэжын Беслъэнрэ.
21 апреля, 2025 - 15:37
Курыт ныбжьым нэблэгъахэм я насып къихьащ къуажэдэс ветеранхэр ялъагъуну, зрагъэцIыхуну, я хъыбархэм щIэдэIуну. Хэку зауэшхуэм и ветеран Дол Ахьмэд къыхуиIуэтэжахэмкIэ къыддэгуэшащ Бейтыгъуэн Дахэнагъуэ.
- Дол Ахьмэд Алий и къуэр 1922 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м Аруан къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым, пединститутым щIэныгъэ щызэригъэгъуэтри, 1940 гъэм и къуажэм къигъэзэжащ математикэмкlэ егъэджакIуэу. 1941 гъэм ар щIотIысхьэ Урюпинск дэт Лъэсыдзэ училищэм, къызэриухыуи, 1942 гъэм накъыгъэм и 5-м танкхэм пэщIэтыну расчетым и командиру зауэм ягъакlуэ.
21 апреля, 2025 - 15:00
Iэдэмрэ 1эсиятрэ гумкIэ Ибрэхьимрэ Симазэрэ яшэжыну гъуэгу техьащ. Ялъэгъуахэм тепсэлъыхьыжурэ, уэршэрурэ Тырку щIыналъэм нэсыжащ. Симазэ и гур къызэрыгъуэтыжат:
- Алыхьым и фIыщIэщ, сыкъыщалъхуа щIыпIэм дыкъэсыжащ, ди анэр, Элиф слъагъунущ, Алий сыхуэзэнущ.
Адэмрэ Симазэрэ къэкIуэжыну къапэплъэ анэри Элифи бжэIупэмкIэ плъэрей хъуахэт: «Ди адэр узыншэу, Симазэ псэууэ ди Тхьэм къытхуихьыж», - жаIэурэ Тхьэм елъэIурт.
Машинэ псынщIэм и макъыр зэрызэхахыу, Элифрэ Закиярэ къыдэжащ икIи гуфIэгъуэ нэпсхэр къыщIэжу я къэтахэр IэплIэешэкIкIэ ирагъэблэгъэжащ.
21 апреля, 2025 - 14:00
КIэрэф Аминэ экономист ныбжьыщIэщ, Банк «Нальчик» ООО-м и лэжьакIуэщ. ФIыуэ зыхэгъуэза и IэщIагъэм гурэ псэкIэ пэрытщ, зэрыжиIэмкIи, абы гъащIэм къыщыхуэсэбэп куэдми хуегъасэ. И IэщIагъэм, зыдихьэххэм теухуауэ къыджиIам фыщыдогъэгъуазэ.
- Аминэ, дэнэ щIэныгъэ щызэбгъэгъуэтар?
21 апреля, 2025 - 13:30
КIуащ БетIал псэужамэ, дызэрыт илъэсым илъэс 95-рэ хъунут. Багъы Пётр 1995 гъэм ныбжьэгъум теухуауэ итха гукъэкIыжхэм ущие куэд хэлъщ, езы усакIуэри нэгум IупщIу къыщIагъэхьэ.
21 апреля, 2025 - 13:30
Ди зэманым ипэжыпIэкIэ поджэж Чэрим Марианнэ и «Налшык губампIэ» романыр. Къалэм дэлъ губампIэр дэтхэнэми къыжьэхоуэ. Мыр гъащIэ губампIэщ, дызыхэпсэукI дунейщ, ди нобэм и къэгъэшыпIэхэм узыщрихьэлIэщ. Iуэхугъуэу къызэщIиубыдэри куэд мэхъу: гухэлъыр, адэ-анэмрэ бынымрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэр, щIэныгъэм и мыхьэнэр, усыгъэр зищIысыр, литературэр гъащIэм зэрыхэувэр, хьэблэ зэхущытыкIэр, ныбжьэгъугъэр, къулыкъумрэ мылъкумрэ цIыхум дежкIэ, нэгъуэщI куэди.
21 апреля, 2025 - 13:00
Адыгэ бэракъыр къыздикIар къэпщIэн папщIэ, инджылыз зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмунд «Шэрджэс щIыналъэм сызэрыкIуар» зыфIища и тхыгъэм ухэплъэн хуейщ.
21 апреля, 2025 - 12:31
Мэлыжьыхьым и 21, блыщхьэ
♦УФ-м щагъэлъапIэ щIыпIэ самоуправленэм и махуэр
♦1920 гъэм Налшык цIыхубэ хозяйствэм и щIыналъэ совет къыщызэрагъэпэщащ.
♦1921 гъэм Налшык Лъэпкъ музей къыщызэIуахащ.
♦1925 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, генерал-майор, Иорданием и лIыкIуэу Тыркум, Иракым, Китайм щыIа, Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу щыта БырмамытI Фоуаз.
|