Календарь событий

22 апреля 2025

ЦIыхум и ныбжьэгъу пэж

ЩIэныгъэм и лъахэм цIыхур хуэзышэ, лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ къыддэгъуэгурыкIуэ, дызыгъэпэж, ди чэнджэщэгъуфI тхылъым и махуэщ мэлэжьыхьым и 23-р.

Иджырей ныбжьыщIэхэр Интернетым тхылъым пэIэщIэ ищIащ. ЩIэблэр литературэм драгъэхьэхын папщIэ къалэнышхуэ я пщэ дэлъщ егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм. Тхылъ хъумапIэхэм къызэрагъэпэщ зэхыхьэхэр, тхылъ гъэлъагъуэхэр. ЩIэныгъэ зыбгъэдэль, гъэсэныгъэ зыгъуэта щIэблэ дыхуеймэ, литературэ лъагэм зэрыщIэтпIыкIыным яужь дитыпхъэщ. Тхылъыр зи Iэпэгъу, абы дихьэх щIалэгъуалэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, иджыри диIэщ.

Хейм гъуэгу егъуэт

Шэрджэс… мы псалъэм гуэхыпIэ имыIэу епхащ лIыгъэ, хахуагъэ, адыгагъэ. А фIагъхэмкIэщ Шэрджэс щIыналъэм щыпсэухэр дэнэкIи къызэрыщацIыхуу щытар.

Лъэпкъыр зэкъуэт зыщ1

 

АдыгэкIэ зэджэжу Урысейм и кавказ республикэ зыбжанэм (Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм), Уэсмэн пащтыхьыгъуэм хыхьэу щыта къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лъэпкъ ныпщ икIи Адыгэ Республикэм и къэрал ныпщ Шэрджэсхэм (адыгэхэм) я ныпыр. Абы теухуауэ и къэхутэныгъэхэмк1э къыддогуашэ филологие щIэныгъэхэмк1э кандидат Мэремыкъуэ Эллеонорэ.

Адыгэ ныпыр щэкI удзыфэ зэпэплIимэу щIащ, вагъуэ дыщафэ пщыкIутIрэ зи пэхэр дэгъэзеяуэ зэблэдза шабзэ дыщафэу щырэ тету.

«ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэ»

ЩIыуэпсым гулъытэ хэха хуэщIыным хуэгъэзауэ гъатхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм «ЩIым и махуэ» фIащами, нэхъапэхэм абы зэреджэу щытар «ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэщ».

ЦIыхухэм гъатхэм и кIыхьагъкIэ пщIантIэхэмрэ уэрамхэмрэ ягъэкъабзэ, жыгхэмрэ удз зэмылIэужьыгъуэхэмрэ хасэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ къэралым, жылагъуэм ирагъэкIуэкI Iуэхухэр даIыгъ.

Анэдэлъхубзэм къригъэлар

 Нобэ зи гугъу тщIыну Хэку зауэшхуэм епха хъыбарыр зытеухуам и цIэр тщIэркъым.  «Къэбэрдей хъыбарыжьхэм къахэблыкIхэр»  и тхылъым ар къыщызыIуэтэж Къармэ Руслан зэрыжиIэмкIэ,  къэхъуар дунейм къыщытрагъэхьар 2000 гъэхэрщ. Зытхыжар 60 гъэхэм Дзэлыкъуэ районым нэхъ пшынауэ Iэзэу исахэм яз Мэкъуауэ (Тау)  Лалусэ Мурат и пхъурщ, и анэм жиIэжу зэхихауэ.

Псэр и закъуэ къыщынэм деж

Сэ си адэм сригъусэу хэкум сыщыIащ, ди благъэхэр тлъэгъуащ, ар дэркIэ гухэхъуэщи, сэри сыпсэуху Iэдэмрэ 1эсиятрэ къысхуащIар сщыгъупщэнкъым. ПщIэрэ, Iуащхьэмахуэ дыщыщыIам узигъусэну си нэ къыхуикIырт, мыр зи дахагъэр езгъэлъэгъуащэрэт жысIэу. Налшык къалэр-щэ! ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэшхуэр! Я къуажэхэр!

 Абыхэм я къуажэхэм цIыхухэр мин бжыгъэкIэ дэсщ, икIи фIыуэ мэпсэу, я хьэгъуэлIыгъуэм дыхэтащ, лъэпкъым и нэхъыжьым псоми дригъэцIыхуащ, джэгури, нысэишэри, щауэишыжри дахэщэу екIуэкIащ. 1эсият адыгэ фащэ тыгъэ лъапIэр къысхуищIащи, дахащэу сэкIуу жаIэ, уэзгъэлъэгъуащэрэт.

ЛIы хахуэм и вагъуэ

Мамлюкхэм я дзэзешэ Къанщауэ Гъур дунейм ехыжа нэужь, ар щымыпсэужкIэ, жари, сулътIану хах Тумэн-бей. Тумэн-бей лIы хахуэт, Къанщауэ Гъур и къуэшым и къуэт, илъэс плIыщIым нызэрыхьэса къудейт.

Дабикъ губгъуэм щекIуэкIа зауэм и ужькIэ Селим и
IэмыщIэ Сириер ихуащ. Мамлюкхэр икIуэтыжри, Каир зыщагъэбыдащ. Селим мамлюк дзэпщхэм я деж лIыкIуэ игъэкIуащ: «Фи Iуэхум кIэ иIэщ, зыкъэфт», - жери. «Зы­къэфтмэ, Мысырым и гугъу сщIынкъым, - хуитхащ тырку­ сулътIаным Тумэн-бей. - Зыкъэвмытмэ, сыныфтеуэнурэ уэри уи мамлюкхэри дунейм фытесхунущ».

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

2025 гъэм мэлыжьыхьым и 8-м         Налшык къалэ   №51-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и Правительствэм унафэ ещI:

1. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм шыщхьэуIум и I-м къыдигъэкIа унафэ №I92-ПП-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

Гъуэгуанэ тхыгъэхэр

 Багъ Марьям и гъуэгуанэ тхыгъэхэм Iуэхугъуэ куэд къызэщIаубыдэ. И адэшхуэ-анэшхуэхэм, и адэ-анэм, и анэкъилъхухэм, благъэхэм, Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм, гъунэгъухэм, къуажэгъухэм, цIыху телъыджэ зыхуэзахэм я гъащIэм щыщ пычыгъуэ къыщыIуэтащ абыхэм.

Нысэ  щыпкъэ

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 22, гъубж

 ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэщ

1886 гъэм къалъхуащ бзэщIэныгъэлI, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Елбэд Хьэсэн.

1942 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, РАЕН-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик МэкIэтIей Абдулыхь.

1952 гъэм къалъхуащ урысей географие обществэм хэт, ныбжьыщIэхэм я «Додо Клаб» зэгухьэныгъэм (КъБР) и унафэщI Мысырджэн МуIэед.