Календарь событий

23 апреля 2025

Къэралыр ядоIэпыкъу

ПэхуэщIэхэр

Сом мелард 80-м нэблагъэ

2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и капитал нэхъыщхьэм инвестицэ ахъшэу къыхалъхьам и куэдагъым фIыуэ хэхъуащ икIи абы ипэ ита илъэсым нэхърэ проценти 10,4-кIэ нэхъыбэщ ар. ЖыпIэнурамэ, мылъку къэзыт IэнатIэ псоми зэхэту сом мелард 80-м нэблагъэ щIыналъэм кърашэлIащ.

Анэмрэ бынымрэ

Иужьрей зэманым интернетым къыщрахьэкI ныбэрылъымрэ анэмрэ я зыпыщIэныгъэм теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэн.

Нанэ Iумахуэ

Анэ, анэшхуэ насыпыфIэщ Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм щыпсэу ЩхьэщэмыщI Сэмра. Бынихым, абы къытепщIыкIыжа щIэблэ хыщIым ягъэгушхуэ, абыхэм я ехъулIэныгъэм хэплъэ нанэм дежкIэ нэгъуэщI насып щыIэнкIэ хъуну?! Езы щIэблэращи, анэр, анэшхуэр зыпащI щыIэкъым, абы и макъ щабэр зэхахамэ, я гукъыдэжым зыкъиIэту, и псалъэ Iущхэр я гъуазэу апхуэдэщ. Шэч хэмылъуи, илъэс 96-нэм ит Сэмра ахэр зыхуигъэIущынрэ зыхуиущиинрэ и мащIэкъым. ГъащIэ купщIафIэ, пщIэрэ щIыхьрэ зыпылъ гъуэгуанэ и щIыбагъ къыдэлъщ нанэ угъурлым. Жьыщхьэ махуэ хъуащ зыхужаIэр абы хуэдэхэрщ.

Лажьэншэу кIуэдахэр

Нобэ зи гугъу тщIыну зэрыпхъуакIуэхэм Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ипщэм къыщагъэна лъэужь гущIэгъуншэхэрщ. КъБАССР-м и архивым ехъумэ абы теухуа сатырхэр. Адыгэбзэм къидгъэзэгъа мы дэфтэрым узыщрихьэлIэ унэцIэхэм дэ къыджаIэшхуэ щымыIэ пэтми, хэт ищIэрэ, гур зыгъэхыщIэ а сатырхэр зи унэкъуэщхэр е зи благъэхэр къэзыцIыхужхэм я унагъуэ тхыдэр зэрырагъэкъужыну Iэмал яхуэхъункIи хъунщ. 

ГъущI гъуэгумкIэ ягъэIэпхъуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъущI гъуэгумкIэ щагъэIэпхъуэ хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэкIхэмрэ я куэдагъым илъэс къэс хэхъуэ зэпытщ. 

Спорт хъыбархэр

Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымрэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэхэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ тэмэму зэхэзымых бэнакIуэхэм я зэхьэзэхуэхэр Шэджэм къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ, ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 37-м я спортсмени 150-рэ.

Бзэмрэ литературэмрэ

ЩIэныгъэлI цIэрыIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэжьакIуэ пажэ БакIуу Хъанджэрий бзэм, литературэм теухуауэ иIэ гупсысэмкIэ къыддогуашэ. 

Иужьрей зэманым бзэщIэныгъэм щIэуэ къихутахэм теухуауэ

«Джатэ зыIыгъыу къытхуэкIуэр абы текIуэдэжынщ»

ЗэрытщIэщи, ди щIыналъэм и дэтхэнэ къуажэми Хэку зауэшхуэм и фэеплъ дэтщ: языныкъуэхэм зауэлIхэм я кхъащхьэхэм деж ахэр щаухуащ, зыщIыпIэхэми скульптурэ лэжьыгъэшхуэхэр щыIэщ. Жылэдэсхэр, дауи, щыгъуазэщ я къуажэм дэт фэеплъым и тхыдэм, ар щIагъэувам, зыхуагъэувам, ауэ республикэм нэгъуэщI и щIыналъэхэм щыIэ псоми апхуэдэу хэтщIыкIыу пIэрэ?! Шэч къытыдохьэ. 

Зымыдэхэри щыIащ

Иджыпсту куэдым фIыкIэ ягу къегъэкIыж 1930 гъэм къуажэдэсхэр залымыгъэкIэ зыхагъэхьауэ щыта колхозхэр. Абыхэм ящыщу къэнэжар мащIэ дыдэщ, ди Къэбэрдей-Балъкъэрым щызакъуэтIакъуэщ. Ауэ зэгуэр, уеблэмэ, къуажэм и псэукIамрэ хуащI пщIэмрэ абы иралъыту къекIуэкIащ. НэгъуэщI Iуэху зехьэкIэ щыIэххэу зыми и фIэщ хъужыртэкъым. Ауэ, гъэщIэгъуэныращи, ар зымыдэ сыт щыгъуи щыIауэ къыщIокI. Зи гугъу тщIыри кулакхэркъым, ахэр бийуэ къалъытэри, ягъэкIуэдащ, атIэ колхозхэм хыхьэн зымыдахэрщ.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 23, бэрэжьей