Календарь событий

25 апреля 2025

ЗэпыщIэныгъэр къызыпэкIуар

Сэхьиб-Джэрий адыгэхэм я щIыналъэр иубыду Дагъыстэнымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ зэпрыкIыбжэ ищIын мурадкIэ, 1540 гъэм дзэшхуэ къызэрегъэпэщри, Урысеймрэ адыгэхэмрэ къатоуэ. А тхыдэ Iуэхугъуэм тетхыхьащ профессор Дзэмыхь Къасболэт. Нобэ тыдодзэ абы и IэдакъэщIэкIым щыщ пычыгъуэ.

«1545 гъэм и закъуэ ар Шэрджэсым тIэу къохьэ: гъатхэм къухьэпIэмкIэ щыпсэу адыгэхэм, бжьыхьэм къэбэрдейхэм я щIыналъэхэм. Щхьэусыгъуэрэ фIэгъэнапIэу ищIар жанеипщ Къанщокъуэм хуагъэувауэ щыта тыгъэр зэрыримытарщ. Кърымхэм нэхъыбэу къагъэсэбэпар уэсмэнхэм кърата топхэмрэ гынжьей фочхэмрэщ.

Дзэпщ

Зи Iуэхухэр пэжым хуэгъэпсауэ псэуа, гурэ псэкIэ лъэпкъым хуэлэжьа Сосналы СулътIан ди лIыхъужьщ. 1942 гъэм мэлыжьыхьым и 23-м Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэу щыта Винограднэ къуажэм дунейм къыщытехьащ лъэпкъым и псэукIэм, тхыдэщIэм зи псалъэ, зи IуэхущIафэ, зи лIыхъужьыгъэ хэзылъхьа лIы хахуэр. Захуагъэм, псэ хьэлэлагъым и щапхъэт ар.

КъэхутэкIэщIэхэм дызыхуашэр

      Метри 139-рэ зи лъагагъ Хеопс и пирамидэр илъэс мини 4,5-рэ ипэкIэ дунейм къытехьащ. Ар Пасэрей Мысырым и ухуэныгъэ нэхъ ин дыдэхэм хабжэ.

Кхъэхалъэжьхэм щыдращIея адрей щхьэпапцIэ унэ абрагъуэхэм елъытауэ, Хеопс ейм пэш зэхуэщхьэхуэу зыбжанэ хэтщ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, ди лъэхъэнэм и IX лIэщIыгъуэм а пирамидэм къыщагъуэтат Хеопс фирхьэунымрэ Пащтыхь Гуащэмрэ я «лэгъунэхэмрэ» Пэшышхуэ гъэлъэгъуапIэмрэ. Ахэр щIэныгъэлIхэм япэ дыдэу къыщаплъыхьар XIX лIэщIыгъуэм икухэрщ.

Дамыгъэ нэхъыщхьэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ 2010 гъэм щегъэжьауэ Адыгэ ныпым и махуэр мэлыжьыхьым и 25-м щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм. Апхуэдэуи ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэрал 50-м щIигъум бэракъым и махуэр щаIэт. БлэкIа илъэс зыбжанэм къриубыдэу мы махуэшхуэм лъэпкъ, дунейпсо мыхьэнэ иIэ хъуащ. Ар и нэщэнэщ зэгуэрым зэбгрыпхъа хъуа адыгэ лъэпкъыр нобэ нэхъ гъунэгъу зэрызэхуэхъужым, щIалэгъуалэр къызыхэкIам и тхыдэм зэрыдихьэхым.

Псэр и закъуэ къыщынэм деж

Зэкия Симазэ къыжриIар ищIэжти, бжэм бгъэдыхьэурэ ищIэм еплъырт. Симазэ сурэт IэмыщIэ иIыгъыу зэпиплъыхьырт, зыгуэрхэри тритхэрт. Зыхуихьынур имыщIэу, Закия тIэу-щэ унэм щIэплъащ. Иужьрейуэ бжэр щыIуихам, Симазэ пIэм зыщигъэукIурияуэ тхылъ еджэ хуэдэу щылът. Пэшым хуэму щыщIыхьам, Симазэ жейм хилъэфауэ фIэкIа пщIэнтэкъым. Хубэ щытрипIэм, «уэра ар?», жиIэри и нэр къызэтрихащ.

Зэкия Симазэ и щхьэм телъэщIыхьу тIэкIурэ щысауэ, Симазэ зыкъиIэтри, и анэм IэплIэ къыхуищIащ. «КхъыIэ, ущIэмыкIыжу къызбгъэдэс», - здыжиIэм, Симазэ и псэр хэкIащ.

Адыгэ ныпым и махуэр зэдагъэлъапIэ

Адыгэ ныпым и махуэшхуэр мэлыжьыхьым и 25-м дуней псом щагъэлъапIэ. Иужьрей илъэсхэм махуэшхуэр щIалэгъуалэм ягъэлъапIэ зэрыхъуар, а Iуэхур нэхъыжьхэми зэрыдаIыгъыр гуапэщ.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 25, мэрем

♦Техьэгъуэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ

♦ДНК-м и дунейпсо махуэщ

♦Адыгэ ныпым и махуэщ

♦1920 гъэм Налшык япэ медицинэ IуэхущIапIэ къыщызэIуахащ.

♦1913 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Лъостэн Исуф.

♦1944 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Къуэдз Iэбубэчыр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыдигъэкIа унафэ №183-ПП-м и 2-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ

2025 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м            Налшык къалэ         №46-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

Гъуазджэр къыхэзыххэр

Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэмкIэ и къэрал институтым иджыблагъэ «Бжэ зэIуха» зыфIаща зэхыхьэ щхьэпэ щекIуэкIащ. Абы кърагъэблэгъат мы гъэм курыт школыр къэзыух ныбжьыщIэхэм ящыщу а еджапIэм щIэтIысхьэну гупыж зыщIахэр.

Институтым мы зэманым щеджэхэм ящыщу япэ курсыр къэзыуххэм я пщэм далъхьат къызэхуэсахэр еджапIэм къыщекIуэкIхэм щагъэгъуэзэну. Я илъэс бжыгъэкIэ зэрызэщхьэщыкI щымыIэ ныбжьыщIэхэр тыншу зэрызэгурыIуэр, зым жиIар адрейм зэрызыхищIыкIыр ягъэнэрылъагъуу, гупышхуэ зэрыгъэхъуахэм зэгъусэу къызэхакIухьащ, еджапIэм и япэ къатым къыщегъэжьауэ ещанэм нэсыху.