Календарь событий

27 апреля 2025

Блий Iэюб и анэм иджыри зы медаль къыхуешэ

Черногорием и къалащхьэ Подгорицэ къикIыу хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ мы махуэхэм. ДзюдомкIэ абы щекIуэкI европей чемпионатым Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту щыIэ адыгэ щIалэ Блий Iэюб етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.

ХадэхэкIым йогугъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ администрацэхэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ я управленэхэм зэрытрау­хуамкIэ, 2025 гъэм республикэм хадэхэкI ­нэхъыбэ щащIэнущ илъэс блэкIахэм елъытауэ. Мы илъэсым абыхэм ирагъэубыдынущ гектар мин 17,1-рэ, 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 106,8-кIэ хуэкIуэу.

Фэеплъ жыгхэр

КъБР-м щыIэ МВД-м дэ­лажьэ Жылагъуэ советым и жэрдэмкIэ Налшык къалэ щызэхэтащ «Фэеплъ жыг ха­дэ» щIыуэпс-хэкупсэ Iуэхур.

ЦIыхубз щыпкъэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм и ветеран, цIыхубз щыпкъэ Шэт Ларисэ Iэдэм и пхъум къыщалъхуа махуэр егъэлъа­пIэ. Абы йохъуэхъу илъэс куэдкIэ къулыкъур зыдрихьэкIахэр, нобэ лажьэхэр, фIыщIэ хуащI и зэфIэкIымкIэ къазэрыдэгуашэм пап­щIэ. 

Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ

КъБКъУ-м и киноконцерт пэ­шым гукъинэжу щагъэлъэ­пIащ Адыгэ ныпым и махуэр.  Ар къызэригъэпэщащ педкол­лед­жым и егъэджакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кан­­дидат Пэщол Сэкимэ. 

IэнатIэу щыIэр минитIым щIегъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлыжьыхьым и 18-м щекIуэкIащ «Работа России. Время возможностей» урысейпсо жармыкIэр. Гъэ къэс IуэхущIапIэхэмрэ лэжьапIэ лъыхъуэхэмрэ щызэхуашэс Iуэхум хэтщ республикэм промышленностымкIэ, мэкъумэшымкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ, ухуэныгъэмкIэ и IэнатIэхэм, хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ я лIыкIуэхэр.