|
|
Календарь событий
30 апреля 2025
30 апреля, 2025 - 19:58
Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, ерыскъыпхъэ жэгундэм щыщу республикэм нэгъабэ къыщрахьэлIэжар тонн мини 6-м щIигъуащ икIи абы ипэ ита илъэсым нэхърэ проценти 6-кIэ нэхъыбэ хъуащ.
30 апреля, 2025 - 18:56
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту бэдрэжану губгъуэм къыщагъэкIам и куэдагъыр нэгъабэ тонн мин 231,8-рэ хъуащ, къитащ Росстатым.
30 апреля, 2025 - 17:54
Туризм IэнатIэр зэтеухуэным ехьэлIауэ щыIэ, худэчых зыхэт кредит программэм и зэфIэкIхэм зрагъэубгъуащ.
30 апреля, 2025 - 16:50
Урысей Федерацэм мас-рестлингымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым махуиплIкIэ щекIуэкIащ.
30 апреля, 2025 - 16:45
Оперативный штаб в КБР поздравляет жителей и гостей республики с наступающим Праздником Весны и Труда и призывает к повышению бдительности и соблюдению антитеррористических мер:
30 апреля, 2025 - 15:48
Урысей МВД-м Налшык щиIэ управленэмрэ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэмрэ я лэжьакIуэхэм Кэнжэ къуажэм уней лъапсэхэм Iуэху щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ газым и зэран цIыхухэм, псом хуэмыдэу сабийхэмрэ зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ, ятемыхьэн икIи абы щыхъумэн папщIэ.
30 апреля, 2025 - 14:37
КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей Артиадэм и лауреат (2004 гъэ), «Илъэсым и цIыху» (2008 гъэ), «Си гур сабийхэм тыгъэ яхузощI» (2010) зэхьэзэхуэхэм пашэ щыхъуа, «ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и егъэджакIуэ нэхъыфI» (2015 гъэ) урысейпсо зэпеуэм щытекIуа, Тэрч къалэм ГъуазджэхэмкIэ и сабий школым цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI икIи и егъэджакIуэ, композитор Iэзэ ЗэрамыщIэ Заретэ иджыблагъэ къыдигъэкIащ «Лъахэ уэрэдхэр» (Адыгэ композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэм я антологие) уэрэдылъэм и еплIан
30 апреля, 2025 - 14:30
Да Винчи Леонардэ итхыжа псысэ, хъыбар кIэщI цIыкIухэм Iущагъышхуэ яхэлъщ. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ а Iуэтэжхэм ящыщ зыбжанэ, Хьэту Пётр зэридзэкIауэ.
Хьэндыркъуакъуэ цIыкIумрэ мафIэ бзиймрэ
30 апреля, 2025 - 12:30
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ. Абы и къалэмым къыщIэкIа рассказхэр, повестхэр, романхэр цIыхухэм фIыуэ ялъагъу. ШэджыхьэщIэм итхащ сабийхэм папщIэ рассказхэри. Абыхэм фIым ухуаущий, гуапэу ущытыным ухуагъасэ, дерс къызыхэпх хъун Iуэхугъуэхэр щыIупщIщ. ГъэщIэгъуэнщ Хьэмыщэ тхыгъэхэмкIэ ныбжьыщIэхэр къыдихьэхын папщIэ къигъэсэбэп художественнэ Iэмалхэр, абы лIыхъужьхэр зэрызэригъэпсалъэр, хъуэр псалъэхэр къызэрихьыр, гушыIэр тхыгъэхэм зэрыхиухуанэр.
30 апреля, 2025 - 12:28
Мэлыжьыхьым и 30, бэрэжьей
Джазым и дунейпсо махуэщ
Урысейм и МафIэсгъэункIыфIхэм я махуэщ
1949 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дзу Руслан.
1953 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор ЩоджэнцIыкIу Нинэ.
Дунейм и щытыкIэнур
30 апреля, 2025 - 12:27
Убыхщ. Истамбыл къыщалъхуащ. И адэр, Музэфер-пэщэ Мухьэмэд, Ливием и губернатору щытащ.
Тенджыз-инженер еджапIэ къиухащ (1899). Ливиемрэ Балканымрэ щекIуэкIа зауэхэм хэтащ. Япэрей дунейпсо зауэм и лъэхъэнэм - Уэсмэн империем и хыдзэм и штабым и Iэтащхьэщ, абы и ужькIэ Тыркум и цIэкIэ хэтащ Брест-Литовск щекIуэкIа зэпсэлъэныгъэхэм. Кавказ щIыбкIэ щыIэ республикэхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэмрэ я лIыщхьэхэм епсэлъа тырку лIыкIуэхэм я пашэу щытащ (Трабзон, Батуми - 1918).
30 апреля, 2025 - 12:24
«Сыт лъыгъажэшхуэхэр щекIуэкIа Мамаев Iуащхьэм тет фэеплъымкIэ цIыхухэм яжетIэну дызыхуеяр?! Дэ дызыхущIэкъуар псом япэу ди зауэлIхэр къэмылэнджэжу Хэкум хуэпэжу зэрыщытам щыхьэт дытехъуэнырт», - итхыгъащ архитектор Вучетич Евгений.
Хэку зауэшхуэм и фэеплъ нэхъ лъагэ дыдэу Урысейм щагъэувар Волгоград къалэм и Мамаев Iуащхьэм тет «Хэку-анэр къоджэ!» фэеплъ цIэрыIуэращ. Ар дуней псом щынэхъ лъагэхэми яхэтщ.
30 апреля, 2025 - 12:22
Абы и къэхутэныгъэхэр езым и зэманым тещIыхьауэ телъыджэ дыдэт. ЖыпIэ хъунущ ар зыщыпсэуа лъэхъэнэм куэдкIэ япэ ищауэ. АрщхьэкIэ, апхуэдэхэм деж зэрыхъущи, къэзыпхъуэтэни пхызыгъэкIыни игъуэтакъым.
30 апреля, 2025 - 12:20
Куэдым ящIэж совет литературэм и нэхъ лIыхъужь пцIыIуэпцIышхэм ящыщ Бендер Остап и псалъэхэр: «Автомобилыр къулеигъэкъым, атIэ цIыхухэр зэрызекIуэ Iэмэпсымэщ». АрщхьэкIэ СССР-м цIыхухэр илъэс куэдкIэ а транспорт лIэужьыгъуэм щылъэмыIэсу къекIуэкIащ. Ар зиIэр властым игъэфIа закъуэтIакъуэхэрт: академикхэр, тхакIуэшхуэхэр, артист, спортсмен цIэрыIуэ дыдэхэр.
30 апреля, 2025 - 12:16
Адыгэм хабзэфI, хабзэ угъурлы куэд гуфIэгъуэм, гузэвэгъуэм епхауэ пасэм яIащ. Абыхэм яхэтщ зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтауэ нобэ зэрахьэхэр: цIэфIэщджанэр, кхъуейплъыжькIэрыщIэр, нэчыхьытхыр, мафIащхьэтыхьыр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм нэмыщI щыIэщ яIэщIэхужауэ ирамыгъэкIуэкIыж тхьэлъэIухэри, гуфIэгъуэм, нэщхъеягъуэм е нэгъуэщI Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм теухуауэ адыгэм яфIэфIу ягъэзащIэу щытауэ. Апхуэдэхэщ кIэлъыгъэхуабэр, къурагъеупсейр, вакIуэдэкIыр, нэгъуэщIхэри.
30 апреля, 2025 - 12:14
Лъэпкъыр дыкъэзыхъумэ дамыгъэхэм ящыщ зым – ныпым - и теплъэр щIыуэпсым егъэкIуауэ Къэрэшей-Шэрджэсым и Алибердыкъуэ къуажэм щыIэщ. Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр зытет Iуащхьэм и IуплъапIэр адыгэ ныпым и теплъэмкIэ гъэщIэрэщIащ. Ар республикэм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм, хьэщIэм ирагъэлъэгъун яфIэфIхэм ящыщщ. Апхуэдэ зы щIыпIэ дахэ иджыблагъэ къыщыунэхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Ислъэмей къуажэм, Уэзрокъуэ и джабэкIэ зэджэм деж ди ныпым и теплъэр храгъэубыдащ. Ар щIыуэпсым йокIу, къуажэм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ хъуащ. Шабзищ зэпрыдзым ищхьэкIэ вагъуэ пщыкIутIыр къыщолыд. И гупэмкIэ адыгэ ныпхэр щыхатIащи, лъагэу Iэтауэ жьым дохуарзэ. Абдежым щагъэтIылъащ «Псэм ипэ – напэ» псалъэхэр зытет мывэшхуэр. Ислъэмей къуажэм апхуэдэ щIыпIэ екIур къыщыунэхуным теухуауэ гугъэ дахэ зыкъом щIауэ яIэт ГъукIэ Мухьэмэд и щIалэхэм. Зэшихым я гум щытIыгъуа мурад-гупсысэр нэрылъагъу хъуащ. Къуажэм къыдэхута дахагъэм теухуауэ депсэлъащ ГъукIэ Валерэ. Валерэ хьэрычэтыщIэщ, къуажэм щегъэлажьэ псэуалъапхъэхэр щащэ тыкуэн. Езыр адыгэпсэщ, игъащIэ лъандэрэ я унагъуэм илъ адыгагъэр и гъуазэу.
|