Ди къэралым и щыхьэр Москва дэт ТекIуэныгъэм и музейм иджыблагъэ зэIущIэ купщIафIэ къыщызэрагъэпэщащ. 2025 гъэр Хэкум и хъумакIуэм хухахауэ зэрыщытымрэ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъумрэ къалъытэри, абы щагъэлъэпIащ ныбжьыщIэ гуп. Iуэхугъуэр жэрдэм ищIащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и нэIэм щIэту лажьэ «Гу пщтыр» урысейпсо къэрал-жылагъуэ зэгухьэныгъэм (унафэщIыр Медведевэ Светланэщ).