|
Календарь событий
06 мая 2025
6 мая, 2025 - 17:16
Буреттэ (Хугаев Георгий и «ЩIакIуэ фIыцIэ» спектаклым), Салисэт («Гуащэ ябгэ» - Шамхалов Мэжид), Фёклэ Ивановнэ («Фызышэ» - Гоголь Николай), хужьу хуэпа цIыхубз («Пастух Махаз» - Искандер Фазиль), ФатIимэ («ЩыхупIэ» - Зэгъащтокъуэ Людмилэ), Аннэ Михайловнэ («Уахътыншэхэр» - Розов Виктор), КIулэ (ИугъащIэ лъагъуныгъэм!» Къэрмокъуэ Мухьэмэд), нэгъуэщI цIыхубз роль гъэщIэгъуэн куэд зыгъэзэщIа, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ Мэкъуауэ ФатIимэ театрым пасэу пыщIа хъуат.
6 мая, 2025 - 16:13
Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школ №1-м щапхъэу ялъытэ и «Озорницы» къэфакIуэ ансамблым и унафэщI Мез Светланэ и IэщIагъэм пэрытщ илъэс 50 хъуауэ. Краснодар къыщалъхуащ зи хъуэпсапIи, гъащIи, гупсыси къафэм езыпха бжьэдыгъу пщащэр. Зэгуэр балетым игъэпIейтея хъыджэбз цIыкIур и хъуэпсапIэм кIэлъыкIуащ. Иджы и гъэсэнхэм зэпеуэхэм текIуэныгъэхэр къыщахь, зэфIэкI ягъэлъагъуэ, ехъулIэныгъэхэр яIэщ. Светланэ депсэлъащ и лэжьыгъэм, Iуэху бгъэдыхьэкIэм теухуауэ КъыщIэддзащ ГъуазджэмкIэ школым лэжьэн зэрыщригъэжьамкIэ…
6 мая, 2025 - 15:11
Къэралыр щытыкIэ гугъу къыщихутэм, абы и щхьэхуитыныгъэм, цIыхубэм я мамыр гъащIэм и щхьэщыжакIуэу къэувахэм яхэтщ адыгэ щIалэ куэд. ЩIэх-щIэхыурэ зэхыдох абыхэм я лIыгъэм, лIыхъужьыгъэм теухуа хъыбархэр икIи дрогушхуэ абыхэм я хахуагъэм.
6 мая, 2025 - 14:29
Мысыр новеллэм и япэ вагъэбдзумэр къэзыхьауэ ялъытэр Теймур Мухьэмэдщ (1892 - 1921). Ар Теймур-пэщэ Ахьмэд филолог лъэрызехьэм, хьэрып классикэ литературэмрэ IуэрыIуатэмрэ я къэхутакIуэм, пасэрей тхылъыжьхэмрэ Iэрытххэмрэ я зэхуэхьэсыжакIуэм и унагъуэм къыщалъхуащ. Я анэр пасэу щылIэм, Мухьэмэд щIалэ цIыкIуми абы и къуэшхэми я гъэсэныгъэр и пщэ дилъхьэжащ я адэ шыпхъу Теймур Айшэ. ТхакIуэм и гъащIэ гъуэгуанэм и къекIуэкIыкIам тетхыхьыжащ журналист, публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
6 мая, 2025 - 14:00
2025 гъэм и япэ мазитIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым автомобиль транспорткIэ хьэлъэу щызэрагъэкIуам и куэдагъым хэхъуащ, къитащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм.
ЖыпIэнурамэ, республикэм и IуэхущIапIэ инхэмрэ курытхэмрэ зэгъусэу, къыщIагъэкI продукцэхэм ятемыщIыхьауэ, ягъэIэпхъуащ тонн мин 46,6-рэ. 2024 гъэм и апхуэдэ пIалъэм нэхърэ проценти 7,8-кIэ нэхъыбэщ ар.
Мыдрейуэ, 2025 гъэм и мазаем хуэзэу транспорткIэ кърашэкIащ цIыху мелуан 53,6-рэ, ари процент 1,5-кIэ нэхъыбэщ 2024 гъэм и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.
6 мая, 2025 - 13:23
Иджы абыхэм я цIэхэр куэдрэ жаIэжыркъым, нэхъапэми щIыхькIэ щIэгъэнауэ щытакъым. Ауэ СССР-р къэрал лъэщу зэрызэфIэувар зыкъомкIэ я фIыщIэщ. Зи гугъу тщIыхэм ящыщщ дымыцIыху Эйтингон Наум, Могилев щыщ журт унагъуэм къыхэкIа щIалэр. И ныбжьыр илъэс 19-м иту ЧК-м хыхьэри, ар къулыкъукIэ лъагэу дэкIуеящ, Iуэхушхуэхэм хэтащ. Ауэ япэщIыкIэ РККА-м и дзэ академием щеджащ итальяныбзэр, франджыбзэр, испаныбзэр, инджылызыбзэр зригъэщIа пэтми, здагъэкIуар аракъым, атIэ Китайрщ.
6 мая, 2025 - 12:05
Урысей Федерацэм и Президентым къидигъэкIа унафэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, 2030 гъэм ирихьэлIэу ди къэралым хыхьэ щIыналъэхэм я районхэм я къалащхьэхэм ущыпсэун щхьэкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ инфраструктурэмрэ процент 30-кIэ, 2036 гъэм – процент 60-кIэ ирагъэфIэкIуэн хуейщ.
6 мая, 2025 - 11:03
Налшык дэт поликлиникэ №1-м илъэс куэд щIауэ щолажьэ эндокринолог КIуащ Майе Михаил и пхъур. Иджыблагъэ къытIэрыхьащ дохутырым хуэгъэза фIыщIэ псалъэ.
6 мая, 2025 - 09:27
Накъыгъэм и 6, гъубж
Москва и гербымрэ и ныпымрэ я махуэщ
1939 гъэм Налшык шыгъэжапIэ къыщызэIуахащ.
1875 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэдж, узэщIакIуэ Долэт-Джэрий СулътIан.
1936 гъэм къалъхуащ адыгей философ, еджагъэшхуэ, тхакIуэ, социологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Хьэгъур Айтэч.
1949 гъэм къалъхуащ абазэ тхакIуэ, КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Мхъыцэ Чэрим.
|