|
Календарь событий
07 мая 2025
7 мая, 2025 - 16:56
«Астрономием и дунейпсо махуэ» зыфIащар хэгъэунэхукIын зэрыхуеймкIэ жэрдэмыр 1973 гъэм япэ дыдэу къыхэзылъхьар США-м и Калифорние штатым АстрономиемкIэ и зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта Бергер Дугласщ.
7 мая, 2025 - 15:59
(рассказ)
Шыгу шэрхъ ищIу унэ джабэм кIэрыс дадэ къыщыслъагъум согуфIэ - шыудзышэ сыздишэнущ. Си плIэм илъ тхылъылъэм сызэрыригъэшари сызэрымэжалIэри сщыгъупщэжат.
- Сыт, ПIытIу, тIу къэпхьа нобэ? - еджапIэ сыкъикIыжа нэужь дадэ апхуэдэу къыздэгушыIэ и хабзэт, зэ тIу къэсхьри си дневникым и напэр къыдэстхъауэ щытати. Сэри зэхэсщIыхьауэ щытар сощIэжри сызэролъэлъ:
- ТIукъым, дадэ, ровнэу тху къэсхьащ.
- Нобэ Хьэчим къэкIуат, - жи дадэ, - укъэмысыжурэ ежьэжащ.
7 мая, 2025 - 12:53
Зи Iэпкълъэпкъыр тэмэму къызыдэмыбзхэм пауэрлифтингымкIэ я къэралпсо чемпионат Владимир областым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 40-м я спортсмен 200-м нэблагъэ.
7 мая, 2025 - 12:04
Накъыгъэм и 7, бэрэжьей
Радиом, связым и IэнатIэ псоми я лэжьакIуэхэм я махуэщ
Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
1985 гъэм Налшык Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.
1990 гъэм КъБР-м и «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
1936 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м щIыхь зиIэ и агроном Чэгъэду Владимир.
7 мая, 2025 - 10:49
Хэку зауэшхуэм щытепсэлъыхькIэ нэхъыбэу зи гугъу ящIыр ди зауэлIхэм абы къыщахьа текIуэныгъэрщ, ар икIи тэмэмщ. Дауи, къыхагъэщхьэхукI къытхуихьа къулейсызыгъэхэр, зэхэкъутэныгъэхэр, хэкIуэда цIыху мамырхэр. АрщхьэкIэ куэдрэ урихьэлIэркъым а зауэ угъурсызым и зэранкIэ дунейм къытемыхьэу къэнахэм я бжыгъэр зэрыхъуну зыхуагъэфэщахэм ехьэлIахэм я гугъу ящIу. Нэхъыщхьэращи, абыхэм яжь нобэми къызэрыщIихум.
7 мая, 2025 - 10:43
Кавказ Ищхъэрэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ТхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) я федерацэхэм я тхьэмадэ, УФ-м ТхэквондомкIэ и зэгухьэныгъэм и гъэзэщIакIуэ комитетым хэт, дисциплинэмкIэ комиссэм и унафэщI Щокъарэ Азрэталий зыхуэдгъазэри тедгъэпсэлъыхьащ а спорт лIэужьыгъуэм япэ лъэбакъуэхэр республикэм зэрыщыпхиша щIыкIэхэм, зыIууа гугъуехьхэм, ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэхэм, нэгъуэщIхэми.
7 мая, 2025 - 09:40
ХьэцIыкIу Миланэ ятIагъуэ гъэжьам къыхищIыкI хьэкъущыкъухэр игъэдахэ къудейкъым, атIэ тхыдэ яIэн хуэдэу гупсысэ щхьэхуэхэр абыхэм яхелъхьэ.
ЗэрытщIэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэми зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэми ди къалащхьэр къалъытэ псэм зыщигъэпсэху, щхъуантIагъэкIэ къулей жыг хадэу. А гупсысэр иIэу, ХьэцIыкIум «Налшык и жыгхэр» зыфIища и лэжьыгъэхэр щIэщыгъуэ хъуащ.
7 мая, 2025 - 09:37
Псалъэ дахэкIэ, IуэхущIафэ инкIэ уигу къэбгъэкIыж хъун цIыху лъэужьыфIэщ Вэрокъуэ Владимир. Ар 1936 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м Вэрокъуэ Хъалид и унагъуэм къихъуат. Владимир зыфIаща щIалэ цIыкIум адэри анэри зэрыхуэхъуэпса псор и натIэ хъуащ. Абы къищIыкIащ цIыху щэджащэ. ЛIы щыпкъэм и гъащIэм и къекIуэкIыкIамрэ и IэдакъэщIэкIхэмрэ къызыхуэтыншэу тетхыхьат тхакIуэ Мэзыхьэ Борис.
7 мая, 2025 - 09:21
Хьэрун и машинэм нэкIэ кIэлъыкIуатэурэ имылъагъуж щыхъум, Линэ пэшым къыщIохьэжри, япэщIыкIэ абы и гъусэу зыпэрыса хьэщIэщ Iэнэм бгъэдотIысхьэ. ИтIанэ, зэрымыIэуэлъэуэным иужь иту, шей Iэнэр трехыж, хьэкъущыкъухэр етхьэщIыжри, зытхьэщIыпIэм фIэлъ гъуджэм бгъэдэувауэ мажьэмкIэ мэIэбэ. Зи фэр пихуа и щхьэц хужьым и лъабжьэм щIэуэ къэкIыжа налъэ фIыцIэхэр къыщIоплъ. ПегъэупщIыгъуэр къэсащ, тыншу игъэIэбэркъым. Iупэлэр шейм кIэрихащ. «Хэт зызыхуэбгъэдадийр?» - арат Хьэрун къыжриIэр, и Iупэр илэу къыщыщIэкIхэм деж.
|