Шэджэм къалэм накъыгъэм и 8-м къыщызэIуахащ ТекIуэныгъэм и Паркыр, Хэку зауэшхуэм лIыхъужьыгъэ къагъэлъагъуэу хэта ди хэкуэгъухэу Байсултанов Алимрэ Къуэныкъуей Назиррэ, зи къэралыр зыхъумэжу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я мемориалхэр. Абыхэм ехьэлIа зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.