Календарь событий

10 мая 2025

Зытригъапсэм блэмыукI фочауэт

Ахуэмгъуэт Хьэсин Тамбий и къуэр Къызбрун ЕтIуанэ (Ислъэмей) къуа­жэм къыщалъхуащ 1923 гъэм, на­къыгъэм и 9-м. Тамбий и унагъуэм ­зэгурыIуэ илът, лэжьыгъэр фIыуэ ­щалъагъурт, хьэщIагъэ яхэлът. 

Яхэтащ Европэр хуит къэзыщIыжахэм

Мыбы егъэлеиныгъэ гуэри хэлъкъым: лъабжьэ псори си­Iэу ар хужысIэ хъунущ мы тхыгъэм зи гугъу щытщIыну цIыхум. Ауэ псори зэры­зэ­кIэ­лъыкIуэм хуэдэу.

Зауэм и лыгъейм хисхьа ди журналистхэр

«Адыгэ псалъэ» газетым и хэщIапIэр здэщыIэ Налшык дэт Печатым и унэм и епщIанэ къатым узэрытехьэу япэу узыхуэзэр зауэшхуэм и лыгъейм хисхьа ди редакцэм и лэжьакIуэу щытахэу, Хэкум шынагъуэ къыщылъысым къалэмыр зэзыгъэтIылъэкIыу Iэщэр къэзыщта Абыдэ Залымхъан, КъардэнгъущI Хъалид, Бжьэдыгъу Шэмсэдин, Къущхьэ БетIал, Шы­гъушэ Пщыкъан, Шыд Ибрэхьим сымэ я цIэр зытетха фэеплъ пхъэбгъурщ.  Ди япэ номерыр къызэрыдэкIрэ илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу дунейм къытехьа тхылъми открыткэ щхьэхуэми ахэр IупщIу къыщыхэдгъэщащ. Нобэ абыхэм я гугъу кIэщIу ныфхуэтщIынщ.