Календарь событий

12 мая 2025

НОБЭ

Накъыгъэм и 12, блыщхьэ
1954 гъэм Налшык политехникэ техникум къыщызэIуахащ.
1916 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Аргун Iэбубэчыр.
1917 гъэм къалъхуащ Абхъазым и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Шинкубэ Бэгърат.
1920 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хьэщыкъуей Билал.

ЩIыхуэм дэкIуэдащ щIалэр

Урыс литературэм и фIыпIэхэм щыщ куэд ди тхакIуэхэм зэрадзэкIыу къогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэхэм ящыщщ Зощенкэ Михаил (I895-I958). Абы и къалэмыпэм къыщIэкIауэ дунейм къытехьащ тхылъи I30-м щIигъу, абыхэм щызэхуэхьэсащ хъыбар, фельетон, комедие, нэгъуэщI тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд дыдэ. Ахэр щыхьэт тохъуэ тхакIуэр егъэлеяуэ зэрынабдзэгубдзаплъэм, и бзэр зэрыжаным, и псалъэр зэрышэрыуэм, и гурыщIэр зэрыкуум. 

Спортым и хъыбархэр

Дыкъынэмрэ ХьэпцIэмрэ къахожаныкI
Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Мейкъуапэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэ куэдым я бэнакIуэ 637-рэ, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуауэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэт мурад яIэу зэхьэзэхуэм щыIащ спортсмен 37-рэ икIи ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр къыщагъэлъэгъуащ.

Адыгэбзэм къытехуа уIэгъэхэр

Зауэ нэужьым республикэм гъащIэр зэрыщызэфIэувэжа щIыкIэм и зы Iыхьэщ лъэпкъ интеллигенцэм къикIуа гъуэгуанэри. I947 гъэм Къэбэрдей АССР-м и ВКП(б)-м и обкомым и япэ секретарь Мазин Николай утыку кърихьа къэпсэлъэныгъэм тхакIуэхэр зыIута IэнатIэр нэгум къыщIегъэхьэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Зауэм и бынхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

Медицинэмрэ дзэ къулыкъумрэ зэдехь

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ куэд щыIэщ къэралым и сэбэп зыхэлъхэр щахъумэ дзэ Iуэху хэхам икIи дэтхэнэми уригушхуэ хъуну сэлэт хахуэхэщ. Си тхыгъэр зытеухуар СВО-м и япэ махуэм щегъэжьауэ щыIэ, сызэрыгушхуэ си дэлъху нэхъыщIэ Ансыкъуэ Ренат МуIэед и къуэрщ. Нобэ МуIэед и къуитIыр – Русланрэ Ренатрэ – зауэ губгъуэм итщ, къыхаха IэщIагъэм, къыщалъхуа хэкум хуэпэжу. Руслан Лъэпкъ гвардием къулыкъу щещIэри, пIалъэ-пIалъэкIэрэ гъуэгу тоувэ. Ренат лъэсыдзэ батальоным и 429-нэ полкым илъэсиплI хъуауэ щыIэщ, медицинэ взводым хэту. 

Шыдыгъу

Хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуа Тэгъулан Екъуб и Iуэтэжыр теухуащ езым и нэгу щIэкIа Iуэхугъуэм. Ар къыщыхъуар Узун-Яйла щIыпIэрщ.
 
Хэкуми тIэкIу ирагъэщхьт Узун-Яйла щIыналъэр. «Шы щызепхуэну дэгъуэщ», - жаIэри, арат абы итIысхьэн щIэхъуар къэбэрдей адыгэхэр. ШыкIэт цIыхухэр зэрызекIуэр, уасэфIи ищIт шым, къэралыгъуэ дзэм иращэу. Адыгэхэр апхуэдэурэ зыкъомрэ шым тепсэукIащ. 1950 гъэр къыщысам, кIуэху нэхъ мащIэ хъууэ щIидзами, Узун-Яйла щIыгум иджыри шы хъушэхэр изу итт.