Календарь событий

13 мая 2025

Iуэтэж кIэщIхэр

 

Да Винчи Леонардэ хъарзынэу къехъулIэу итхыжащ  Iущыгъэшхуэ зыхэлъ псысэ, хъыбар кIэщI цIыкIухэр. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ а Iуэтэжхэм ящыщ зыбжанэ, Хьэту Пётр зэридзэкIауэ.

 

МафIэмрэ шыуан цIыкIумрэ

Яжьэ хуабэм къыхэплъагъукI къудейуэ иджыри зы дэп цIыкIу къыщыблэрт. Абы, икIэм-икIэжым ужьыхыу сахуэ къащхъуэм хэмыкIуэдэжыпэн щхьэкIэ, хуэсакъыпэу къыхуэнэжа къару тIэкIур зэригъэзахуэрт.

И тхыди и щIыуэпси удэзыхьэхщ

Кавказ Ищхъэрэм къухьэпIэмкIэ щыIэ и щIылъэныкъуэм, хы ФIыцIэм къедза и Iуфэри дэщIыгъуу, ноби щызэхэтх щIыпIэцIэхэм ящыщ гуэрхэм я IукIэ-тхыкIэр ди гъунэгъу абхъазхэм я бзэм хэт псалъэпкъхэм зэрыхуэкIуэм гу лъыдмытэныр Iэмал зимыIэщ.

НОБЭ

Накъыгъэм и 13, гъубж
УФ-м и Тенджыз ФIыцIэ флотым и махуэщ
1913 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъубж Мухьэдин.
1924 гъэм къалъхуащ Урысейм и ЛIыхъужь Къардэн Уэхьид.
1939 гъэм къалъхуащ УФ-м пщIэ зиIэ и ухуакIуэ, УФ-м пщIэ зиIэ и гъуэгуухуэ, «Мостстрой» ОО-м и генеральнэ директору лэжьа Джэрыджэ Къанщобий.

Гупсысэр тезышэщ

Дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым и щытыкIэм теухуа щIэныгъэ куу цIыхухэм ябгъэдэлъхьэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр къалъытэу, Бразилием и Рио-де-Жанейрэ къалэм ООН-м 1992 гъэм щызэхиша и зэхыхьэм накъыгъэм и 12-р «ЦIыхухэм экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэу» щагъэуващ.

Къызэзыгъэпэщахэр зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ щIыуэпсым зэрыдекIуэкIыпхъэ щэнхабзэм нэхъри зегъэубгъун зэрыхуеймрэ цIыхухэр дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэм зэпымыууэ щыгъуазэ зэрыщIыпхъэмрэ.    

Хъыбар куэд зи IэдакъэщIэкI

Теймур Мухьэмэд и новеллэхэм я нэхъыбапIэм тхылъеджэм и гупсысэр хуагъэуш мылъкумрэ къулыкъумрэ, мыхъумыщIагъэмрэ Iеягъымрэ къазэрыпкърымыкIыр, атIэ цIыху Iейхэм, бзаджэхэм мылъкури къулыкъури езыхэм яй зэращIым. Апхуэдэ гупсысэхэр и нэщэнэу щытащ ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм щыIа уэркъ-демократ Iуэху еплъыкIэм.

Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм къыхыхьа бзэщIэныгъэ псалъэщIэхэр

Жылэтеж Хьэжысмелрэ абы ипхъу Лианэрэ зэдатхащ къэбэрдей-шэрджэсыбзэм хэт бзэщIэныгъэ терминхэм я къежьэкIэр, бзэм щэзэпача гъуэгуанэр, я зыужьыкIэр, зэхъуэкIыныгъэ ягъуэтахэр къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэ. Дызэрыщыгъуазэщи, мы Iуэхугъуэр нэхъ гугъухэм икIи нэгъэсауэ джа мыхъуахэм ящыщщ. Лэжьыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ бзэщIэныгъэ терминхэм я зэхэублакIуэу Нэгумэ Шорэ зэрыщытыр. Япэ дыдэу арат термин зыбжанэ адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар.  ЩIэныгъэр и лъабжьэу адыгэбзэр джын щыщIадзар Совет лъэхъэнэрщ.

НэгъуэщI еплъыкIэ

 Илъэс блэкIам Адыгэ республикэм урысыбзэкIэ къыщыдагъэкIащ адыгэ дин щIэныгъэлI, узэщIакIуэ Мэрэтокъуэ Нухь 1912 гъэм Къэзан типографием хьэрыпыбзэкIэ щытрыригъэдзауэ щыта «Адыгэхэм я тхыдэм къыхэлыдыкI напэкIуэцIхэр» тхылъыр.  IэщIагъэлI зыбжанэм ягъэхьэзыра зэдзэкIыгъэм я гуащIэ халъхьащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр джынымрэ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэмкIэ центрым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Зайцев Илья, Адыгэ республикэм  гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институтым этнологиемрэ лъэпкъ гъуазджэмкIэ и къудамэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Хъуэткъуэ Самир, Кавказымрэ

Махуэшхуэми ЛIыхъужьми я щIыхькIэ

ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум теухуауэ Къэрэшей-Шэрджэсым и Усть-Джегута къалэм щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ. Ар и фэеплъу щытащ Урысейм и ЛIыхъужь Каракетов Юнус. Зэхьэзэхуэм хэтащ Урысей Ипщэрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я бэнакIуэхэр, 2006 - 2008 гъэхэм къалъхуауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащ - медалитху абы къыщихьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Iэрыпщэ Къантемыр, Къущхьэ Темырлан, Костахов Марат сымэ. Пщыбий Иналрэ Къашыргъэ Мухьэмэдрэ ещанэ хъуащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 «ЩэкIуэнымрэ зэщакIуэ къулеигъэхэр хъумэнымрэ я IэнатIэм зэхущытыкIэхэр щызегъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. «ЩэкIуэнымрэ зэщакIуэ къулеигъэхэр хъумэнымрэ я IэнатIэм зэхущытыкIэхэр щызегъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.