Календарь событий

16 мая 2025

ГъащIэр фIыуэ елъагъу

Дунейм щикъухьа адыгэ лъэпкъым зыщыпсэу щIыпIэр егъэдахэ, гуапагъэм, хьэщIагъэм, лIыгъэм, пэжыгъэм я щапхъэ мэхъу. Адыгэ нэсым хэлъ хьэл-щэн нэхъыщхьэхэр и лъым хэту дунейм къытохьэ. КъыдэкIуэтеиху, ар хэплъагъуэ мэхъу и теплъэм, и зыIыгъыкIэм, и псэлъэкIэм. Гъэсэныгъэм и Iуэхур а лъым хэту къакIуэ щэным дэIэпыкъуэгъу хуэхъуу арагъэнущ.

IуэрыIуатэм къеIуатэ

НобэкIэ дымыцIыхуж, зи хъыбари дымыщIэ псалъэ, дауэдапщэ куэд къыхощыж лъэпкъ IуэрыIуатэм. Ахэр адыгэм илъэс мин бжыгъэкIэ къыдекIуэкIа, щэнхабзэр зыгъэбатэу къыддэгъуэгурыкIуа Iуэхугъуэхэщ, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу лъэныкъуэ егъэза хъуауэ. «Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъым къитхыжащ мы тхыгъэмкIэ фэдгъэцIыхужыну апхуэдэ псалъэхэмрэ дауэдапщэхэмрэ.

И зэфIэкIыр инт

Нэгумэ Шорэ адыгэ лъэпкъым и тхыдэм щIыпIэшхуэ щеубыд. Абы пасэу къыгурыIуащ цIыхум и псэукIэм зихъуэжынымкIэ, къулейсызыгъэр гъэкIуэдынымкIэ, къэкIуэнум и махуэхэр нэху, хуит щIынымкIэ щIэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Ар псэемыблэжу хуэлэжьащ и лъэпкъым. И гъащIэр хуигъэпсащ мурад лъагэ ищIахэр гъэзэщIэным. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэр джыным, абы и псалъэхэр зэхуэхьэсыным, псалъалъэ Iуэхум елэжьыным и лъэхъэнэщIэр епхащ Нэгумэ Шорэ. Мыхьэнэшхуэ ди зэманми зиIэ япэ адыгэ-урыс псалъалъэр абы 1830 гъэм зэхилъхьащ.

Сабиигъуэм ухашэж

ТхакIуэ Журт Биберд ящыщщ зи гуащIэм пщIэшхуэ хуэфащэ тхакIуэхэм. Абы и IэдакъэщIэкIхэм лъэпкъ литературэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыд. I972 гъэм Журт Биберд и япэ рассказ тхылъыр – «Си унэцIэ дыдэр» зыфIищар – къыдэкIащ. А тхылъым ущIэджыкIа нэужь Биберд зыщымыгъуазэ Iуэху зэрытемыпсэлъыхьыр къыбгуроIуэ. ГъащIэм и пэжыр хыболъагъуэ абы и IэдакъэщIэкIхэм. Литературэм и жанр куэдым фIы дыдэу хэзэгъащ Журтыр. Удихьэхыу укъоджэ сабийхэм ятеухуауэ итхахэм. Абыхэм гъэсэныгъэ-ущииныгъэ лъабжьэ куу яIэщ. Апхуэдэ тхыгъэ зыбжанэ къыхэзгъэщыну сыхуейт.

Ар егъэджакIуэт икIи тхакIуэт

КІэрэф Мухьэмэд адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа ди тхакIуэ нэхъ пажэхэм ящыщщ. Илъэс куэдкIэ хьэлэлу хуэлэжьащ ар къэзылъхуа лъэпкъым, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ къулыкъу зыбжани игъэзащIэурэ къекIуэкIащ. Ауэ псэуху ІэщIыб имыщIу абы зэдихьащ лэжьыгъитI, я мыхьэнэрэ я лъагагъкIэ зэпэшачэрэ жыпIэну тIури щхьэпэу: ар егъэджакIуэт икIи тхакIуэт.

НОБЭ

Накъыгъэм и 16, гъубж

♦Биографхэм я махуэщ

♦1954 гъэм Налшык къыщызэIуахащ украин тхакIуэ Вовчок Марко и фэеплъ.

♦1808 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэдж, этнограф, тхакIуэ Хъан-Джэрий СулътIан.

♦1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Щхьэгъэпсо Таужан.

Щ1ыналъэ зэпеуэр йокIуэкI

Урысей МВД-м и Налшык управленэм щекIуэкIащ «Полицейский дядя Стёпа» сабий творчествэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и къалэ Iыхьэр. Ар хуэгъэпсат ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум.

Хысыдж маскъалхэм я фIыгъэкIэ

ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2006 гъэм накъыгъэм и 27-м къищта унафэм ипкъ иткIэ, Электросвязымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я зэгухьэныгъэхэмрэ я дунейпсо махуэр илъэс къэс накъыгъэм и 17-м ягъэлъапIэ.

ПщIэну щхьэпэщ

БзэщIэныгъэр и IэщIагъэу щымытами, анэдэлъхубзэр япэ иригъэщу и гъащIэ псор езыхьэкIахэм ящыщщ игъуэ нэмысу дунейм ехыжа, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий.

ЗэрытщIэщи, бзэм и дежкIэ псалъэ къэс дыщэ кIанэ пыдзахуэщ. Абы къыхэкIыуи уасэншэщ «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» и фIэщыгъэу а къэхутакIуэм 2009 гъэм Налшык къыщыдигъэкIа и тхылъ телъыджэр. Шэрджэсым и тхылъым къитхыжахэм ящыщщ адэкIэ къыщытхьынухэри.

Агъу – псы ежэхым и хэхуэжыпIэ (хым е нэгъуэщI псышхуэм).

И гумахагъэр псоми яхуегуэш

Мы тхыгъэр зытеухуа Беслъэней Нинэ пасэу щIидзащ усэ тхын. И гур абы пасэу къызэрыхуэушам зыкъомкIэ и фIыщIэ хэлъщ и адэ Хьэжбий. ГъащIэм и Iуэхугъуэ куэд къызэщIеубыдэ Беслъэнейм и тхыгъэхэм.