|
|
Календарь событий
17 мая 2025
17 мая, 2025 - 17:34
Тыркум къиIэпхъукIыжри, Хэкур зэригъэгъуэтыжащ, унагъуи щыхъужащ Тэубичэ Сонер. Фэм, пхъэм, гъущI зэмылIэужьыгъуэхэм елэжь IэпщIэлъапщIэщ, и IэрыкIхэм цIэрыIуэ ящIауэ. Абы ещI къэлътмакъхэр, бгырыпххэр, ахъшалъэхэр, паспортртелъхьэхэр, шабзалъэхэр, сампIэхэр, фочылъэхэр, тхьэгъухэр, Iэлъынхэр, пщэрылъхэр, Iэпщэхъухэр. IэпщIэлъапщIэм и IэрыкIхэр адыгэпсэкIэ епсыхь: лъэпкъ дамыгъэхэр, тхыпхъэ дахэхэр трещIыхь. Сонер тедгъэпсэлъыхьащ Хэкум къызэрыкIуэжам, и IэрыкIхэм, лъэпкъым теухуа и гупсысэхэм.
-Сонер, укъыщыхъуамкIэ къыщIэдгъадзэ…
17 мая, 2025 - 16:28
Бахъсэн районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм илъэс 13 ипэкIэ сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэгъэзауэ амбулаторэщIэ къыщызэIуахауэ щытащ. Абы лъандэри IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр куэдкIэ нэхъ ефIэкIуащ, жылэдэсхэр абы щагъуэт дэIэпыкъуныгъэхэм арэзы къищIу апхуэдэщ.
Амбулаторэм псори зэхэту цIыху 68-рэ щолажьэ. Абы щыщу 18-р дохутырщ, абыхэм яхэтщ терапевт, хирург, стоматолог, онколог, педиатр, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэри. Нэхъыщхьэращи, дэтхэнэми зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хищIыкIыу, цIыху гумащIэу, гуапэу щытхэщ.
17 мая, 2025 - 15:37
Дунейм и щытыкIэу щIыпIэ гуэрым къыщекIуэкIым е, нэгъуэщIу жытIэмэ, уэмрэ щIымрэ я зэблэхъукIэу илъэсым и кIуэцIкIэ тлъагъум жьыуэпскIэ (климаткIэ) йоджэ (зэуэ къыхэдгъэщынщи, мы псалъэр Тыркум къытхуизыхыжар щIэныгъэлI Хъуажь Фахърийщ).
Жьыуэпсым и махуэр (накъыгъэм и 15-р) ягъэлъапIэ экологие шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщ, щIыуэпсым лей къытезымыгъэхьэ къэпщытакIуэхэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэм кIэлъыплъ IэщIагъэлIхэм, щIэныгъэлIхэм, нэгъуэщIхэми.
ЗыдезыгъэкIур ди закъуэкъым
17 мая, 2025 - 15:26
Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэситIым щIигъуауэ дэIэпыкъуэгъу яхуохъу Херсон областым щыщу и нэIэ щIэт щIыналъэхэм узыншагъэр хъумэнымкIэ я IэнатIэхэм, ахэр зыхуэныкъуэ медицинэ IэщIагъэлI зэхуэмыдэхэр яхуигъакIуэурэ. Апхуэдэуи IуэхущIапIэхэр зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэр хуашэ: хущхъуэхэр, медицинэ хьэпшып зэхуэмыдэхэр, ерыскъыхэр, зэфэн псы.
Иджыблагъэ ДэIэпыкъуэгъу псынщIэмрэ къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэмкIэ медицинэ центрым щылажьэ анестезиолог-реаниматолог гуп Херсон областым кIуащ, щIыпIэм щыпсэухэм зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэхэр хуащIэн папщIэ.
17 мая, 2025 - 13:33
Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 80 ирокъу. Зэрыкъэралу ТекIуэныгъэр дяпэкIэ ягъэлъэпIэнущ, ар къытхуэзыхьа нэхъыжьыфIхэр ягу къагъэкIыжынущ, зауэ тхыдэ къэхъугъэхэм зыхуагъэзэжурэ Iэнэ хъурейхэр, щIэныгъэ зэхуэсхэр, жылагъуэ пэкIухэр ирагъэкIуэкIынущ.
17 мая, 2025 - 12:26
Шэджэм Етlуанэ къуажэм къыщалъхуа Джэдмышх Дамир пасэ дыдэу спортым дихьэхащ. Сабий садым кlуэн щыщlидзам, бэнэкIэ хуитымкIэ спорт секцэм хыхьащ икIи Хъубий Анатолэ и гъэсакlуэу япэ лъэбакъуэхэр абы щичащ.
17 мая, 2025 - 11:18
Накъыгъэ мазэщ… Гъэ еджэгъуэр и кIэм ноблагъэ. Класс унафэщIу сызыхэт сабийхэм мы гъэм пэщIэдзэ еджапIэр къаух.
17 мая, 2025 - 11:10
Дэтхэнэ зы щIыналъэми иIэщ зэрыгушхуэ щIыпIэ дахэхэр. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр куэдым йофIэкI. Къэтщтэнщ республикэм и Дзэлыкъуэ районри, нэр зыхьэхуу, гур хэзыгъахъуэу сыт хуэдиз щIыпIэ телъыджэ иIэ абы. Языхэзми укъыщыхута нэужь, абы щыплъагъу дахагъэм псэр етхьэкъу. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Шэнтхъурейр, Псынащхьиблыр, Тамбукъан гуэлыр, Джылы-Су аузыр, Джэдмышх псыкъелъэхэр. Ахэр щIыуэпсгъэдахэу, турист кIуапIэу зэрыщытыр хэткIи щэхукъым.
17 мая, 2025 - 10:01
Адыгэ литературэм и классик, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, бзэ щIэныгъэлI, егъэджакIуэ Нало Ахьмэдхъан ТекIуэныгъэм Германием щыIущIащ. Взводым, ротэм я унафэщIу щытащ, зауэлI хахуэу, зэфIэкI зиIэ унафэщIу зыкъигъэлъэгъуащ, зауэ гуащIэхэм лIыхъужьыгъэ къыщигъэлъагъуэу хэтащ сапёру. Невский Александр и цIэр зезыхьэ, Вагъуэ Плъыжь, Хэку зауэшхуэм и I нагъыщэ, Хэку зауэшхуэм и II нагъыщэ орденхэмрэ СССР-м и медалипщIрэ, Польшэ ЦIыхубэ Республикэм и медаль къыхуагъэфэщащ.
17 мая, 2025 - 07:40
Накъыгъэм и 17, щэбэт
Электросвязымрэ хъыбарегъащIэ зэгухьэныгъэмрэ я дунейпсо махуэщ
Лъы дэуей узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
Пульмонологым и махуэщ
1848 гъэм къалъхуащ Адыгейм щыщ тхыдэдж, узэщIакIуэ Хьэджымыкъуэ Темтэч.
1917 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкур илъэс куэдкIэ зыгъэбжьыфIа, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артисткэ ДыщэкI КIунэ.
Дунейм и щытыкIэнур
|