Календарь событий

18 мая 2025

Унагъуэ минийм нэблагъэм зыщIагъакъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэ­щы­жынымкIэ и министр Тогузаев ТIэхьир.

Атхъан дыщэ медаль къехь

Азербайджаным и Губэ къалэм къикIыу хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ мы махуэхэм. Европэм и Кубокыр дзюдомкIэ къэхьыным хуэунэтIауэ абы щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту дыщэ медаль къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ БищIо Атхъан.

Махуэшхуэр Кыщпэк щагъэлъэпIащ

ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъур Къэбэрдей-Балъкъэрым и дэнэ щIыпIи щагъэлъэпIащ. Кыщпэк (Тыжьей) къуа­жэм махуэшхуэр щегъэкIуэкIыныр даIыгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и рос­гвардейцхэм.

Жыгхэр щIыуэпсым и дамыгъэщ

ЦIыхум елъытауэ, куэдкIэ нэхъыбэ къагъащIэ жыгхэм. Илъэс дапщэ мыхъуами, абыхэм я къарур мыкIуэщIу, уардэу зэрыщытрагъэнщ жыгыжьхэм ущIызэIэпашэр. Ныбжьышхуэ зиIэ жыгхэм яхэтщ тхыдэрэ хъыбаррэ зи щIыбагъ къыдэлъи. Апхуэдэхэр зэрахузэфIэкIкIэ яхъумэ, хэIущIыIу ящI. 

Сабий зеиншэхэм зэрызыщIагъакъуэм зрагъэубгъу

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ хабзэубзыху IуэхущIапIэм и президиумым и зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы Iуэху­гъуэ 20-м нэблагъэм щыхэ­плъащ.

Дохутыр миным щIигъум я Зэхуэсышхуэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яIущIащ Урысейм и Ипщэ щIыналъэм щыщ хирургхэм я VIII Зэхуэсышхуэм и унафэщIхэм - РАН-м и академик, Хирургхэм я Урысейпсо зэгухьэныгъэм и Президент, Москва къалэм и хирург ­нэхъыщхьэ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкъ­рытхэм щеIэзэу Москва дэт щIэныгъэ-клиникэ центрым, Боткин С.  П. и цIэр зезы­хьэм, и унафэщI Шабунин Алексей, РАН-м и академик, УФ-м ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым - Очаповс­кий С. В. и цIэр зезыхьэ щIыналъэ клиникэ сымаджэщ №1-м и дохутыр нэхъыщхьэ Порханов Владимир, РАН-м и член-корреспондент, профессор, факультет хирургиемкIэ клиникэм, Бурденкэ Н. Н. и цIэр зезыхьэм, бгъэчым ехьэлIа узыфэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Паршин Владимир.

«Урысей - Ислъам дуней»

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мы махуэхэм хэтщ Тэтэрстаным и щыхьэр Къэзан щекIуэкI «Урысей - Ислъам дуней: KazanForum» зыфIаща дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм. Абы и лэжьыгъэм Iэтащхьэр щытеп­сэлъыхьыжащ и телеграм-каналым. 

Мурадышхуэхэм - яхуэфэщэн лэжьыгъэ

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ министр ДыщэкI Аслъэнрэ тепсэлъыхьащ 2026 гъэм КъБР-м и гъуэгухэм щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм. ЩIыналъэм и УнафэщIым къыхигъэщащ гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэным респуб­ликэм и экономикэм зегъэужьынымкIи   цIыху­хэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIи мыхьэнэ­шхуэ зэриIэр.

Мелуаниблым ноблагъэ

2016 гъэм Урысей Федерацэм и хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ (МСП) щхьэхуэу я реестрыр зэхагъэувэн зэрыщIадзэрэ дызэрыт илъэсым и щIышылэм - гъатхэпэм ирихьэлIэу абыхэм я бжыгъэр мелуани 6,7-м щIи­гъуащ. Къыхэдгъэщынщи, МСП-м и IэнатIищ къэс тIур иджыпсту уней IуэхущIапIэщ икIи 2025 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м абыхэм я бжыгъэр мел­уани 4,42-рэ хъуащ, мелуани 2,28-м щIигъур - физлицощ. 

Зи псэ емыблэжа журналистхэм я фэеплъу

Мы махуэхэм Урысейм щокIуэкI «Кедры Великой Победы» Iуэхур. Я лэжьыгъэм пэрыту Хэку зауэшхуэм хэкIуэда журналистхэм я щIыхькIэ жыг хадэхэр щыхасэ УФ-м и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм. 

Зыужьыныгъэм хуэщхьэпэну къудамэщIэ

Минеральные Воды къалэм и аэропортым къудамэщIэ къызэрыщызэIуахам мыхьэнэш­хуэ зэриIэр жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.