|
|
Календарь событий
19 мая 2025
19 мая, 2025 - 19:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ щекIуэкIащ 2025 - 2026 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зыхуэгъэхьэзырынымкIэ республикэ комиссэм и зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIед. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIыналъэр гъэплъыгъуэ чэзум зэрыхуэхьэзыр щIыкIэм.
19 мая, 2025 - 18:01
Уней инвестицэр хэту мэкъумэш техникэ лизингкIэ къэпщэху зэрыхъуну программэм къэралым лэжьэн щыщIидзащ. Ар ирагъэжьащ УФ-м Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэмрэ ДОМ.РФ-мрэ.
19 мая, 2025 - 16:59
«Шылэ гъуэгуанэ кIыхь» фIэщыгъэр зэрихьэу боксымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Азербайджаным и къалащхьэ Баку щекIуэкIащ.
Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы хэтащ Нигерием, Таджикистаным, Узбекистаным, Камбоджэм, Черногорием, Къыргъыстаным, Куржым, Къэзахъстаным, Урысей Федерацэм я боксёр, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, I20-м щIигъу.
19 мая, 2025 - 16:11
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и IэнатIэм зэхущытыкIэхэр щызегъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм езыхэм яфIэфIу ящIэ (волонтерыгъэ) лэжьыгъэм и IэнатIэм зэхущытыкIэхэр щызегъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
19 мая, 2025 - 16:08
Хэку зауэшхуэр иуха нэужь, къэралым и дэтхэнэ лъэныкъуэми псэукIэмрэ лэжьыгъэмрэ щызэфIагъэувэжын щIадзауэ щытащ. Интернет архивхэм тхыгъэ гъэщIэгъуэн къыщытIэрыхьащ абы и щыхьэту къэуву: «Урожайнэ районым хыхьэ Хьэмидей къуажэм дэт «Большевик» мэкъумэш артелым хэтхэм республикэм и колхозхэтхэм зыхуагъазэ Налшык къалэр зэфIэгъэувэжын Iуэхум жыджэру хэувэну». Ар къытехуауэ щытащ «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газетым 1944 гъэм мэлыжьыхьым и 16-м.
19 мая, 2025 - 14:55
Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэу къуажэ щIыпIэхэм е цIыху мин 50 иримыкъу щыпсэу къалэхэм кIуахэм (Iэпхъуахэм) зэ тыгъуэу компенсацэ папщIэу ахъшэ зэрырат икIи абыхэм ар къызэрагъэсэбэп Хабзэм и II-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
19 мая, 2025 - 14:52
Накъыгъэм и 19, блыщхьэ
Урысейм щагъэлъапIэ хущхъуэ зэхэлъхьэным, щэным пыщIа IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэр
Пионер зэгухьэныгъэм и махуэщ
1943 гъэм СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал комитетым Бахъсэн ГЭС-р зэфIэгъэувэжыным теухуа унафэ къищтащ.
1985 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Сабий творчествэм и унэ.
19 мая, 2025 - 14:51
Адыгэ хабзэм гъащIэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ. Абы и дэтхэнэ зы Iыхьэри цIыхум пщIэрэ нэмысрэ иIэу псэуным хуэгъэпсащ. Нобэ и гугъу сщIыну сыхуейщ Iэнэ пэрысыкIэм и хабзэхэм.
19 мая, 2025 - 13:54
1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр къызыжьэхэмыуа щыIэкъым. Псоми яIэщ лIыхъужь, и хахуагъэр щапхъэ яхуэхъуу. Хэт и лIыхъужьым и псэр щитащ зэуапIэ губгъуэм, нэгъуэщIым ейм псэууэ къигъэзэжри, унагъуэм, Iыхьлыхэм я IэфI зыхищIэу псэужащ. Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм ящыщ зым и хъыбар къытхуетх НафIэдз Людэ.
19 мая, 2025 - 13:33
- Зэрыджэгу гуащэхэм фэилъхьэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр яхуиду ди анэм иригъэжьащ гъащIэм къыщыхуэщхьэпэжа IэщIагъэр. ИужькIэ езым и щхьэм хуэдэн щIидзащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, нобэр къыздэсым дохъумэ ди анэм и бынхэм тхуидауэ школым дызэрыкIуэу щыта щыгъыныгъуэхэр, - дыщегъэгъуазэ зэрысабийрэ сурэт щIын жыпIэми, тхыпхъэщIыпхъэхэр хэдыкIынрами - пыщIа Шурдым Миланэ. Къапщтэмэ, ар анэм и лъагъуэщ зрикIуэр. Шурдым (Къанкъул) Лейлэ езыр дэрбзэрщ, и ныбжьыр илъэсипщI щыхъуам къыщыщIэдзауэ мадэ, хедыкI.
19 мая, 2025 - 13:00
Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я тхыдэр зэраджыр фIыщ. Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий, зэритхымкIэ, адыгэм ди тхыдэр, ди блэкIар къэзыхутахэр, тетхыхьахэр ди лъэпкъым щыщкъым, нэхъыбэу урыс щIэныгъэлIхэрщ, хамэ къэралхэм къикIыу щыта зекIуэлIхэрщ, еджагъэшхуэхэрщ. Ари зыкIэ фIыщ - абы ятхахэм пэж нэхъыбэ хэтщ. Совет зэманым ирагъэджа тхыдэтххэми пцIым зыдрагъэхьэхыщэу щытакъым - ахэр къэзыгъэувыIэн, зыщышынэн IуэхущIапIэхэр щыIэт.
|