Календарь событий

20 мая 2025

Атхъан Европэм къыщыхожаныкI

Европэм и Кубокыр дзюдомкIэ кадетхэм я деж къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха Куржым и къалащхьэ Тбилиси щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэрал I5-м я бэнакIуэ 340-рэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуахэу. 
Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту абы кIуат спортсмен 48-рэ: 23-р щIалэу, 25-р – хъыджэбзу.
Ди къэралми Къэбэрдей-Балъкъэрми я пщIэр иIэту зэхьэзэхуэм хэтащ БищIо Атхъан икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, килограмм 73-рэ зи хьэлъагъхэм я деж ещанэ увыпIэр къыщихьащ. 

2025 гъэм и япэ мазищым

 Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и щIышылэ – гъатхэпэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ проценти I07,2-рэ хъуащ. 

Тэрчыжь Iуфэ етIысэкIат…

Тэрч куейм и жылагъуэ нэхъыжьхэм ящыщ Терекскэ (Болэтей) къуажэм и тхыдэр 1847 гъэм къыщожьэ. НэхъыжьыIуэхэм къызэраIуэтэжымкIэ, Курп псыр Тэрч щыхэхуэж щIыпIэм пэгъунэгъуу нэхъапэм жылэр щысащ. Нобэ ар куейм и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэм хуозэ. Псыежэххэр, хъупIэр, мэзыр къуажэм пэжыжьэкъым. Дауи, аращ а щIыпIэр къыщIыхахауэ щытари.

Хьэжрэтхэм къалъысар

  Псыжь лъэныкъуэм Iэпхъуа къэбэрдейхэм я пашэу щытащ пщы, лIакъуэлIэш, уэркъ пщIэрэ щхьэрэ зиIэхэр - ХьэтIохъущокъуэхэ, Наурызхэ, Къарэмырзэхэ, Къэсейхэ, Къетыкъуэхэ, Трамэхэ, Къундетхэ.

Уэрэдыжьхэм я дунейм

«КъардэнгъущI Зырамыку игъэзащIэу щыта адыгэ лъэпкъ уэрэдхэр» («Сборник адыгских народных песен из репертуара Зарамука Кардангушева») къыдэкIащ КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм я илъэси 100-м ирихьэлIэу. Зырамыку жиIэу щытауэ уэрэд 46-рэ итщ абы. Тхылъыр къыдэгъэкIыныр жэрдэм ищIауэ щытащ республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ащхъуэт Людмилэ.

СтIолыщхьэ теннисым и махуэхэр

Краснодар крайм и Славянск-на-Кубани къалэм «Урысейм и къэкIуэнур» фIэщыгъэр зэрихьэу щекIуэкIащ стIолыщхьэ теннисымкIэ тренер цIэрыIуэ Проценкэ Аркадий и фэеплъ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я щIыналъэхэм ящыщу 11-м я спортсмен 95-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ 8 яхэту.

НОБЭ

Накъыгъэм и 20, гъубж
1939 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ артист», «КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ.
1927 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гугу Рашад.

КIуэтэху нэхъ хьэлъэ хъу гукъэкIыж

 Урысейм и прокурор нэхъыщхьэ Краснов Игорь илъэс блэкIам утыку къихьауэ щытащ Хэку зауэшхуэм и зэманым нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм Совет Союзым ис лъэпкъхэм ираха лейр «лъэпкъгъэкIуэду» («геноциду») къэлъытапхъэу икIи куэд дэмыкIыу ар хабзэкIэ даIыгъащ. 

Сатууэ ящIым хагъахъуэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и щIышылэм - мазаем къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым розницэ сатууэ щащIам и куэдагъым сом мелард 45,8-рэ къыпэкIуащ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIахэм проценти 106,1-кIэ хуэкIуэу.