Календарь событий

21 мая 2025

Гугъуехьым ипсыхьа щIэблэ

Зауэ гуащIэжьыр зи гущIэм щызыгъэва ди нэхъыжьыфIхэр я сабиигъуэм псэзэпылъхьэпIэм хэтащ.

Щоджэн Къадир и фэеплъу

КъБР-м щыIэ МВД-м и СОБР-м и «Iуащхьэмахуэ» гупым и командиру щыта Щоджэн Къадир и фэеплъу республикэм дзюдомкIэ и япэ зэхьэзэхуэ Налшык къалэм дэт «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди щIыналъэм и районхэм я бэнакIуэ 230-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэси 10 - 11 хъухэу. 

Республикэм и инвестицэ зэфIэкIхэр ягъэлъэгъуэну

Минводы къалэм гъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэр щызэхэпшэ хъууэ дэт «МинВоды Экспо» центрым мы гъэм накъыгъэм и 25 - 27-хэм щекIуэкIыну Кавказ инвестицэ зэхуэсышхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым а унэтIыныгъэмкIэ и зэфIэкIхэр щигъэлъэгъуэнущ. Абы хэтыну республикэм и IуэхущIапIи 130-м нэблагъэм лъэIухэр ятакIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм я пашэу щытынущ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

ХьэрычэтыщIэ гуащIафIэхэр

«Хьэрычэт IэнатIэ мащIэм – сату щIыпIэ нэхъ инхэр» фIэщыгъэр зэрихьэу Новгород Ищхъэрэм иджыблагъэ щекIуэкIа къэрал конференцым хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэу Къуныжь Теймуразрэ Блий Залинэрэ. Республикэм и хьэрычэтыщIэхэм зэхуэсышхуэм хэтыну Iэмалхэр яритащ «Си хьэрычэт IэнатIэ» щIыналъэ центрым.

Спорт хъыбархэр

Урысей Федерацэм зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэм я деж атлетикэ псынщIэмкIэ къэралым пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Чувашием и къалащхьэ Чебоксары щекIуэкIа зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн КхъуэIуфэ Дарэ.

Ди пхъэщхьэмыщхьэхэм къащIэупщIэхэм къахохъуэ

«Россельхознадзор»-м и управленэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм къипщытащ 2025 гъэм и япэ мазиплIым къриубыдэу КИФЩI-м и щIыналъэхэм я пхъэщхьэмыщхьэ продукцэу нэгъуэщI щIыпIэхэм хурагъэшэну ягъэхьэзырахэм я фIагъхэр зыхуэдэр.

БыдапIэр къалэ мыхъу щIыкIэ

Иджыблагъэ къытIэрыхьащ адыгэ псоми я ней зыщыхуа Бекович-Черкасский Федор «Кавказ узэщIакIуэ щэджащэу» къэзыгъэлъагъуэ, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэм Абаевым и цIэр зэрихьэу дэт гуманитар, социальнэ щIэныгъэхэмкIэ институтым тхыдэмкIэ и къудамэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Айларовэ Светланэ и тхыгъэ: «Бекович-Черкасскэм къалэ ухуэныгъэм теухуауэ къыхилъхьа жэрдэмхэм яз». КъызэрыщIэкIымкIэ, быдапIэу къежьа Налшык жылэм къалэ къыхэщIыкIыныр зи жэрдэмыр Бековичырщ, абы урыс тетыгъуэм фейдэуэ къыхуихьынухэр щызэпкърих тхыгъи иIэщ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Фэтэр куэду зэхэт унэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыIэхэм я зэхуэдэ мылъкур къанэ щымыIэу къэгъэщIэрэщIэжыныр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн и лъэныкъуэкIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

А махуэм псори щымщ

Дунейм и щIэрэщIэгъуэу накъыгъэ мазэм нэхъ зэман дахэ дэнэ къипхынт, ауэ илъэси 161-рэ ипэкIэ ди адыгэ лъэпкъым къыщхьэщыхьар пшэ фIыцIэт. Накъыгъэм и 21-р Адыгэм и Щыгъуэ-щIэж махуэщ. А махуэрат Къуэбыдэ деж пащтыхьыдзэм парад щригъэкIуэкIар Кавказ зауэр я текIуэныгъэкIэ зэриухам теухуауэ. Шэрджэсым и къэралыгъуэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ фIэкIуэдат, илъэсищэ гузэвэгъуэм и цIыхущхьи и къаруи IэщIихауэ.

Жьэкуэ жылэр

Хьэжрэт адыгэ къуажэхэр нэхъыбэу зыIусыр Инжыдж ЦIыкIу Iуфэрщ. Псым ищхьэмкIэ къыщIэбдзэмэ, япэ узыхуэзэр Жьакуэ къуажэрщ. Гъуэгуанэ кIыхь зэпичащ къуажэм, здэщыс щIыпIэр хэ-блэ ихъуэжащ. Хъыбарыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, нобэ Жьакуэ (Алъэсчырей) зи цIэ къуажэр Балъкъ псыхъуэм дэсащ, «Беломечеткэ» и Iэгъуэблагъэм. Бэрэгъун деж щысауэ жызыIи щыIэщ.

НОБЭ

Накъыгъэм и 21,  бэрэжьей

♦Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэщ

♦1864 гъэм илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Кавказ зауэр увыIащ.

♦2004 гъэм Налшык къалэм къыщызэIуахащ Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ.    Хуабэр махуэм градус 17 - 20, жэщым градус 12  - 14 щыхъунущ.

Адыгэ псоми дигу къыдогъэкIыж

Илъэс къэс, накъыгъэм и 21-м дуней псом адыгэу тетым дигу къыдогъэкIыж Кавказ зауэм хэкIуэдахэр. 
Ноби дызэхохьэ ди япэ итахэмрэ тхыдэм ди нэгу щIигъэкIа гузэвэгъуэмрэ дигу къэдгъэкIыжын ­папщIэ. Илъэси 101-кIэ екIуэкIа зауэжьым адыгэ лъэпкъым къриха лейр гуащIэу зэрыщытар ноби зыхыдощIэ, ар узу ди гум илъщ. 

Кавказ зауэм хэкIуэда Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек цIыхухэм зэрызахуигъазэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Накъыгъэм и 21-м илъэси 161-рэ ирокъу Кавказ зауэр зэриухрэ. А зэманым нэхъ лъэщу щыта къэралыгъуэхэр я геополитикэ сэбэп зыхэлъхэм щхьэкIэ зэрызэпэувауэ щытам кърикIуащ а зауэр икIи адыгэ лъэпкъым гуауэшхуэ дыдэ, цIыхущхьэкIи мылъкукIи хэщIыныгъэ къызэрымыкIуэхэр къыхуихьащ абы. 
Мы махуэм дэ ди щхьэр яхудогъэщхъ Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым, адэжь щIыналъэр залымыгъэкIэ зрагъэбгынахэм, хамэ хэкухэр псэупIэ зыхуащIу бэлыхь куэд дыдэ зыгъэвэн хуей хъуахэм.