Календарь событий

22 мая 2025

НОБЭ

Накъыгъэм и 22,  махуэку
1914 гъэм къалъхуащ адыгэхэм къахэкIауэ Тыркум щыпсэухэм ящыщ спортсмен, Европэм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион, 1948 гъэм екIуэкIа Олимп джэгухэм дыжьын медаль къыщызыхьа Джандемыр (Гугъэв) Адыл.
1946 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик Озбек (Едыдж) Батырай.
Дунейм и щытыкIэнур

Дызытес къудамэр пыдмыупщIу

ЦIыхухэр, псэущхьэхэр, къэкIыгъэхэр зи хэщIапIэ ЩIы Хъурейм гулъытэ хэха хуэщIыным теухуауэ ООН–м хигъэунэхукIа пIалъэхэм ящыщщ «Биологие зэмылIэужьыгъуагъэм и махуэ» жыхуаIэр. Ар 200I гъэм къыщыщIэдзауэ накъыгъэм и 22-м дуней псом щагъэлъапIэ.
Махуэр зыхуэгъэзар цIыхухэм ди хуэмыхуагъкIэ щIыуэпсым етх лейр зыхуэдэр къыдгурыIуэныжырщ, щIыгум щызекIуэ псэущхьэхэм, уэгур зэпрызыгъэз бзухэм, гъудэ-бадзэхэм я зэмылIэужьыгъуагъэм кIэрыдгъэху зэрымыхъунур зыхэтщIэнырщ, дыкъэзыухъуреихь дунейм щысхьыным дыкъыхуриджэнырщ. 

И лэжьыгъэм и гур хигъахъуэу

Иджыпстурей щIалэгъуалэм нэхъ псынщIэу заужь, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэ. Абы и лъэныкъуэкIэ къэралри щIэгъэкъуэнышхуэ мэхъу. Тэрч къалэм Сабий творчествэмрэ щIалэгъуалэ жэрдэмхэмкIэ и центрым (ЦДТ) и лэжьакIуэ Балъкъэр Дайанэ илъэс 2I-рэ хъууэ аращ, ауэ ныбжьыщIэхэр гъэсэнымкIэ, иджырей къэфэкIэхэр егъэщIэнымкIэ зэфIэкI иIэщ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм административнэ хабзэхэр къызэпызыудхэмкIэ и Кодексым и 8.5-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1.«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм административнэ хабзэхэр къызэпызыудхэмкIэ и Кодексым и 8.5-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.

ДжутайдомкIэ зэпоуэ

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ Гайдарбеков Гайдарбек и цIэр зезыхьэ и спорт комплексым щекIуэкIащ УФ-м джутайдо - карате лIэужьыгъуэмкIэ и чемпионат. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 18-м я спортсмен 500-м щIигъу.

ЕджакIуэхэм ящыгъупщэркъым

Налшык щыпсэу, Къаншыуей къуажэм щыщ Ахъсорэ (Унэж) Марят «Адыгэ псалъэм» и щыпэ къакIуэкъым. Нобэ ар къыщIытхуеблэгъар и адэ къуэш Унэж Аркадий Хьэмыщэ и къуэм и гугъу къытхуищIын папщIэщ. 
Мы гъэм илъэс 75-рэ ирикъуа нэхъыжьыфIым Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм щIэныгъэмкIэ и управленэм къыбгъэдэкIыу, ФIыщIэ тхылърэ ЩIыхь тхылърэ къыхуагъэфэщащ. 

ЗэкъуэшитIым я псэр зэратар

Зауэм хэкIуэда и Iыхьлыхэмрэ унэкъуэщхэмрэ я хъыбар иджыблагъэ къытхуиIуэтэжащ Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и библиотекарь нэхъыжь Безыр (Хъандэхъу) Ленэ. 

ЩIэныгъэмрэ щIалэгъуэмрэ

«Си хабзэубзыху жэрдэмыр» – аращ зэреджэр Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыщ гупыр иджыблагъэ зыхэта урысейпсо зэхьэзэхуэм. Илъэс зыбжанэ хъуауэ цIыхушхуэ зэхуэзышэс зэпеуэм мызыгъуэгум Урысейм и щIэныгъэ икIи егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм щылажьэу цIыху 550-м щIигъу зэришэлIащ.

ТекIуэныгъэ Иным зэхуешэс

ТекIуэныгъэ Иныр къызэрытхьрэ илъэс 80 зэрырикъумрэ дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм я щIыхькIэ картингымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ Нарткъалэ щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ростов областым, Краснодар, Ставрополь крайхэм я лIыкIуэхэр, псори зэгъусэу спортсмен 60.

Къэбэрдей хьэжрэтхэмрэ абазэхэмрэ

 Инжыдж Iуфэм, Ботэщей адэкIэ уехмэ, къыщысщ Бэвыкъуэ къуажэр (км 12 дэлъщ Черкесск нэс). Мыбдеж 1925 гъэм щыщIэдзауэ къэтIысащ Хъумарэрэ (Абыкъухьэблэжь) Алибэрдыкъуэрэ (Хьэгъундыкъуей) къикIа унагъуэхэр. ЦIыхуу дэсыр 500 хуэдизщ. Я унэцIэхэр къэтхьынщ: Абрэджыкъуэ, Астэжь, Булжат, Быж, Гуэгуш, Даур, Дыгъужь, ДыщэкI, Ешэр, Жантемыр, Иляс, КIэбышэ, КIэщт, КIыщокъуэ, Къардэн, Лий, ЛIымахуэ, Матэкхъуей, Мыжей, Нэлей, Нэхущ, Пщымахуэ, Сэкий, Туаршы, Тхьэкъуахъуэ, Уэгъурлы, Унэжь, ХьэкIырэ, Хъубий, Цэгъэ, Цей, Шорэ, Шурей, Шыбзыхъуэ, Iэпщынэ.