Календарь событий

23 мая 2025

Спорт зэIущIэхэр

 Адыгэхэм я фэеплъ махуэму

Адыгэхэм я щыгъуэ махуэм теухуауэ дзюдомкIэ республикэ зэхьэзэхуэ Кэнжэ къуажэм дэт спорткомплексым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ КъБР-м и щIыналъэхэм я бэнакIуи 129-рэ, 2012 гъэм къалъхуауэ.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ ХьэщIэдыгъу Сэльдар, Джафаров Инал, Натадзе Георгий, Къэжэр Самир, Дудар Алъихъан, Куэшэр Инал, Мисиров Мансур, Уэрыш Жэмал, Къардэн Iэмин, Тэрчокъуэ Дамир сымэ.

ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Ныр Сеф и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм дзюдомкIэ республикэ зэхьэзэхуэ Налшык къалэм щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 мы гъэм зэрырикъум. Зэпеуэм хэтащ ди республикэм и щIыналъэ псоми я бэнакIуэ ныбжьыщIэу 134-рэ икIи ахэр гупибгъуу ягуэшат.

Я пщIэм теухуауэ леймыгъэгъущ

 

 Къэралыр нэгъуэщIыпIэ къриш хьэпшыпхэм ящымыгугъыу, езым и зэфIэкIыр хурикъужу псэун Iэмал къезыт хьэпшыпхэм  мыхьэнэшхуэ ират дызэрыт зэманым. «Импортозамещение» Iуэху зэфIэхыкIэм и мыхьэнэр аращ.  XIX лIэщIыгъуэм псэуа Борман Григорий а лъэныкъуэмкIэ удэплъейкIэ ущымыуэну Iуэху зехьэкIэ дахэ къызэринэкIащ.  Урысейм щыпсэухэм яшх шоколадыр хамэ къэралхэм кърашын хуэмеижу, ар къэралым и тыкуэнхэмрэ фабрикэхэмрэ япэу къыщыщIигъэкIын щIэзыдзар  «IэфIыкIэхэм я пащтыхь» зыфIаща  Борман Григорийщ. 

Иджы илъэс еплIанэ хъуауэ

                          

КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, гъэсакIуэ Iэзэу щыта Къармэ Мэжмудин и фэеплъу Налшык къалэм шахматымкIэ зэхьэзэхуэхэр махуищкIэ щекIуэкIащ. Ар иджы илъэс еплIанэ хъуауэ къызэрагъэпэщ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы хэтащ Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ингушым, Ставрополь крайм щыщ спортсмен 240-рэ.

Адыгэ жылэхэр

 Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей) къуажэм  пасэми ноби зэрихьэ цIэхэр тохуэ Къэбэрдейм щыIэ Зеикъуэм (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм). Къуажэр мыбдеж зыгъэтIысар ХьэтIохъущокъуэ Бэчмырзэщ. ХIХ лIэщIыгъуэм и пэ илъэсхэм ХьэтIохъущыкъуейм ихъуэжащ щIыпIэ зыбжанэ: Бичесын бгыщхьэр, Марэ псыхъуэр (иджы къэрэшей къуажитI дэсщ), Тебэрды псыхъуэр (иджы къэрэшей къуажэ Нижняя Теберда щысщ), Пхъэмыфыкъуэ (абазэ къуажэ Елбыргъэн къыпэщылъ бжьэпэм). Зеикъуэр тхыдэ кIыхь зиIэ къуажэжьщ, нобэ цIыху минищ хуэдизщ дэсыр, ауэ мыбы хэIэпхъукIащ Куэшхьэблэр.

Физикэ щIэныгъэм пэIэщIэ

Хьэршым къыщекIуэкIхэм зи нэIэ тезыгъэт астрофизикхэм жаIэм тетщIыхьмэ, гъуни нэзи зимыIэ, нэм къыхуэмыплъыхь уахэ абрагъуэм, дэ дызэсэжам хуэмыдэу, зэманыр щызэщIэкIуэж, жыжьэу IукIам къыщригъэзэкIыж нэгъуэщI Дуней (КъэщIыгъэ) щхьэхуи щыIэнкIэ зэрыхъунум шэч хэлъкъым.  

США-м «NASA» зи фIэщыгъэ уахэхутэ и IуэхущIапIэм къызэрыщалъытамкIэ, зэхуэмыдэ ДунеитIри астрофизикхэр «КъэлындышхуэкIэ» («Большой взрыв») зэджэм и Iэужьщ.

И сабиигъуэр кIэщIт

Хэкум хуэлэжьэныр ди япэ ита нэхъыжьхэм пщIэшхуэ зыпылъ Iуэхуу къалъытэу щытащ.

Уи быным адыгэбзэкIэ епсалъэ!

 

         Анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр, абы и лъапIагъыр къызыгурыIуэ лъэпкъым и къэкIуэныр дахэщ, и гъуэгуанэр кIыхьщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, лъэпкъ цIыкIухэм ящыщ куэдым бзэр хъумэным теухуауэ гугъуехьхэр яIэщ. Адыгэбзэм и IуэхукIи апхуэдэ лъэпощхьэпохэр щыIэщ. Абы теухуауэ псалъэмакъ куэди ирагъэкIуэкI. 2004 гъэм тхакIуэ IутIыж Бориси къиIуэтауэ щытащ бзэм теухуа и гурыгъузхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкум щыщхэу  Iах мыхъунухэр зыхуэдэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и гуэдзэным зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн и  лъэныкъуэкIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

НОБЭ

Накъыгъэм и 23, мэрем

Шылъэгум и дунейпсо махуэщ

1955 гъэм къалъхуащ адыгэ хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ, «Шиферник» ОАО-м (Краснодар) и генеральнэ директор Сагуэ Хьид.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 21 - 23-рэ, жэщым градус 12 - 14 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

 

Зи Iыхьэ зыфIэмащIэм хьэм фIешх.