|
|
Календарь событий
24 мая 2025
24 мая, 2025 - 13:30
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ «ИдогъаджэДощIэ» - Къыщыпхуэсакъ еджапIэ» («УчимЗнаем» - Заботливая школа») пэхуэщIэм и къызэгъэпэщакIуэ Шариков Сергей. А пэхуэщIэм ди республикэм лэжьэн щыщIидзэнущ дызэрыт илъэсым и фокIадэ мазэм щегъэжьауэ. Iуэхум елэжь IэщIагъэлI гуп иджыпсту ди щIыналъэм щыIэщ.
24 мая, 2025 - 11:34
Сабиигъуэр дэIыгъыным теухуа республикэпсо щэбэт щIыхьэху егъэкIуэкIыным и IуэхукIэ
2025 гъэм накъыгъэм и 19-м Налшык къалэ №71-ПП
Нэхъ хуэмыщIа, бын куэд щапI унагъуэхэм, нэгъуэщIхэм ящыщхэу республикэм и еджапIэ IуэхущIапIэхэм щеджэхэу дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм 2025 - 2026 гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу псэуныгъэкIэ зыщIагъэкъуэн мурадкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
24 мая, 2025 - 11:18
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «муниципальнэ сыхьэт» жыпхъэм иту, район, къалэ администрацэхэм я унафэщIхэм зэIущIэ ядригъэкIуэ-кIащ.
ЗэIущIэм гулъытэ нэхъыбэ щыхуащIащ республикэм щызэхаублэ къэ- рал къэпщытэныгъэхэм. Мы гъэм Зыуэ щыт къэрал экзаменыр ятынущ ныбжьыщIэ мини 5-м.
24 мая, 2025 - 11:00
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр 2024 гъэмрэ дызэрыт илъэсым и япэ мазищымрэ зэрагъэзэщIам. Апхуэдэуи «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ къэралым зэрызащIигъакъуэ Iэмалхэр къыщызэщIакъуэжащ.
24 мая, 2025 - 10:09
Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызэгъэпэща зэрыхъуну щIыкIэм теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек епсэлъащ республикэм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт.
24 мая, 2025 - 09:58
Нобэ, накъыгъэм и 24-м, ди къэралышхуэм, щIэуэ къыхыхьа щIыналъэхэри хэту, и курыт еджапIэ псоми иужьрей уэзджы- нэр къыщоуэ. Дэтхэнэ школакIуэм и дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэр псом хуэмыдэжу зыхащIэ еджэныр зэфIэзыхауэ школым къыщIэкIхэм. Ди гуапэ зэрыхъущи, а ныбжьыщIэхэм я бжыгъэм хэхъуэурэ макIуэ иужьрей илъэсхэм. Къэбгъэлъагъуэмэ, нэгъабэрей бжыгъэхэм еплъытмэ, мы гъэм курыт школыр къэзыуххэр мин 45-кIэ (проценкIэ къапщтэмэ, 7,5-кIэ) нэхъыбэщ. Ди республикэми щымащIэкъым апхуэдэ ныбжьыщIэхэр. Ахэр мини 5-м нызэрохьэс, 9-нэ классыр къэзыуххэр хэмыту.
|