Календарь событий

25 мая 2025

ЛъагапIэщIэхэр зи плъапIэ

Ди гуапэ зэрыхъущи, республикэм и щIалэгъуалэм мымащIэу яхэтщ ябгъэдэлъ лъэпкъ гъэсэныгъэ екIум къы­дэкIуэу, щIэныгъэ нэсым и нэхум хуеIэхэр, лъагапIэщIэхэр зи плъапIэхэр. Зи дуней еплъы­кIэрэ акъылрэ зэрыубыдауэ къэплъытэ хъуну апхуэдэ ныбжьыщIэхэм ящыщщ Бахъсэненкэ (Къэсейхьэблэ) къуажэм дэт курыт школ №1-м (уна­фэщIыр Зэрыкъуш Вадимщ) и 10-нэ классым щеджэ Нарто­къуэ Ренат. 

Зи усэхэр зэIэпах

Мечиев Кязим и цIэр зезы-хьэм НыбжьыщIэхэм я библиотекэм накъыгъэм и 14-м щыщIэдзауэ  щекIуэкIащ ­художественнэ творчествэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм я VIII фестивалыр. Ар Ныкъуэдыкъуэхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм (ВОИ) къызэригъэпэщащ, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ.Iуэхур ирагъэкIуэкIащ Ныкъуэ­дыкъуэхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI ВэрылI Владимиррэ Бэрэгъун Розэрэ. 

Щомахуэ Дусэ и дуней телъыджэр

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Ислъэ­мей къуажэм щыщ Щомахуэ Дусэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм илъэс куэд лъандэрэ псэ хьэлэлу пэрытщ. Абы адыгэбзэмрэ литературэмрэ щрегъэдж Тамбовскэ жылэм дэт курыт школым, жыджэру, ныкъусаныгъэн­шэу, куэдым щапхъэ яхуэхъуу и лэжьыгъэр ирихьэкIыу.