|
|
Календарь событий
26 мая 2025
26 мая, 2025 - 18:21
Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленностым зэрызиужь щIыкIэр къэзыгъэлъагъуэ индексым 2025 гъэм и япэ мазищым проценти 107,2-кIэ хэхъуащ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ икIи республикэм и экономикэ IэнатIэхэм ящыщу абы нэхъыбэу щехъулIар промышленнэ продукцэхэр къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэрщ.
26 мая, 2025 - 18:19
БэнэкIэ хуит
Красноярск къалэм Ярыгин Иван и цIэр зэрихьэу дэт спорт уардэунэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 54-м я спортсмен 450-рэ, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуауэ.
26 мая, 2025 - 17:47
ЕкIуу къагъэзэж
Урысей Федерацэм универсальнэ зэзауэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ и чемпионат Воронеж къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 38-м я спортсмен 400-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ абы бэнакIуэ 11 щыIащ.
Килограмм 95-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыщэ медаль къыщихьащ ДыщэкI Мурат. Зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэхэр щаубыдащ Къуэдзокъуэ Атмир (кг 65-рэ), Сомгъур Азэмэт (кг 75-рэ), Мирзоев Арсен (кг 65-рэ), Хьэсанэ Мурат (кг 90) сымэ.
26 мая, 2025 - 17:28
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прохладнэ къалэм алэр (карп) бдзэжьей ещэнымкIэ чемпионат махуищкIэ щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ Ставрополь краймрэ я командэ I6.
Зэхьэзэхуэр къызэзыгъэпэщахэм яхэта Янпольский Владислав зэрыжиIамкIэ, дунейр а махуэхэм уэлбанэрилэу зэрыщытам щхьэкIэ къэмынэу, бдзэжьеящэхэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщагъэлъэгъуащ абы. ЖыпIэнурамэ, ику иту килорамми 8 - 9 зи хьэлъагъ бдзэжьейхэр къыщаубыдащ, ауэ нэхъ ин дыдэу псым къыхадзам килограмм 12,3-рэ къишэчащ.
26 мая, 2025 - 17:15
Процент 40-м щIигъукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым псыхэкIыу къыщыщIагъэкIым и куэдагъым хэхъуэ зэпытщ. Абы и щыхьэтщ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къигъэлъэгъуа бжыгъэхэр. ЖыпIэнурамэ, 2025 гъэм и япэ мазищым республикэм хузэфIэкIар процент 40-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ.
26 мая, 2025 - 16:30
Накъыгъэм и 26, блыщхьэ
Химикым и махуэщ
Урысей хьэрычэтыщIэм и махуэщ
Урысей шууейм и махуэщ
1985 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиер (КъБКъМА-р) къызэIуахащ. Иджы ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетщ.
1928 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щэрдан Iэбу.
Дунейм и щытыкIэнур
26 мая, 2025 - 16:18
Кстовэ зыхуагъэхьэзыр
Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм я бэнакIуэ 230-м щIигъу, 20II - 20I3 гъэхэм къалъхуауэ икIи я хьэлъагъ елъытауэ ахэр гупи 10-у гуэшауэ щытащ.
Зэхьэзэхуэм и япэ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм медалитI - дыщэрэ дыжьынрэ - къихьащ. Килограмм 42-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Тэшу Рэмэзан. Гындыгъу Амир етIуанэ щыхъуащ килограмм 38-рэ зи хьэлъагъхэм я деж.
26 мая, 2025 - 15:10
Лъэпкъым къыдекIуэкI Iэзэгъуэхэр псом япэу зэхьэлIар абы и псэукIэрщ, и дуней тетыкIэрщ, и гъащIэрщ. Узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр гъэхъужыным адыгэхэр хуэшэрыуэу, хуэIэпщIэлъапщIэу сытым и дежи щытащ. Адыгэхэм къупщхьэр зэрапхэу щытам къытекIуэ щыIэтэкъым.
Адыгэхэр шыбгым ису, зекIуэ кIуэуэ, мэзым, Iэщым япыщIауэ щыщыта зэманым, я къупщхьэ щыкъутэ куэдрэ къэхъурт, апхуэдэу зауэм хэт зэпытти, уIэгъэмрэ абы кърикIуэ узыфэхэмрэ гъэхъужыным нэхъ хуэгъэзат я дохутыр IэщIагъэр.
26 мая, 2025 - 14:07
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр къыхахыну IэщIагъэм тегъэгушхуэнымкIэ щыIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм теухуа Положенэр къэщтэным и IуэхукIэ
2025 гъэм накъыгъэм и 19-м Налшык къалэ №70-ПП
«Урысей Федерацэм цIыхухэр IэнатIэхэм зэрыщытегуэшам и IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Федеральнэ закон №565-ФЗ-уэ 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м къыдэкIам и 58-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
26 мая, 2025 - 13:01
ТхакIуэ, журналист цIэрыIуэ Тхьэмокъуэ Барэсбий псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.
Тхьэмокъуэ Барэсбий Гъумар и къуэр I940 гъэм накъыгъэм и 25-м Шэджэм Езанэ къуажэм (иджы Шэджэм къалэм) къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым Барэсбий щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым.
26 мая, 2025 - 11:13
Жители Херсонской области стали получать сообщения якобы от имени Роскомнадзора.
|