|
|
Календарь событий
27 мая 2025
27 мая, 2025 - 14:45
Фэеплъыр адыгэхэм я щыгъуэ махуэм ирихьэлIэ 2004 гъэм щхьэтепхъуэр трахауэ щытащ . Абдежырщ иджы республикэм ис адыгэхэр гъэ къэс накъыгъэм и 21-м щызэхуэсыр - блэкIа гуузыр ягу къагъэкIыжыну, къэкIуэнум фIыкIэ зэрыщыгугъыр къаIуэтэну.
27 мая, 2025 - 13:41
Пасэрей алыджхэм я IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, тхьэхэм я тхьэмадэ Зевс щыблэкIэ къызэухыу щытар шынагъуащэу икIи иныщэу зэщIэгъуагъуэ, къызыхиутIыпщыкI мафIэ бзийхэм ихъуреягъэр зэщIэзылыпщIэ Олимп Iуащхьэрт.
27 мая, 2025 - 12:00
Псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут усакIуэ, тхакIуэ гъуэзэджэ, адыгэлI щыпкъэ, лъэпкъ усыгъэм гущэ хуэхъуа, Хьэгъундыкъуей къуажэжьым и бын нэхъыфIхэм ящыщ Анзор Мухьэмэд. Пасэу дунейм ехыжа усакIуэхэм ящыщщ, илъэс 55-рэ фIэкI къэзымыгъэщIа Мухьэмэди. Арами, абы къыщIэнащ зэманым хуэмыгъэкIуэдын тхыгъэ уасэншэхэр.
27 мая, 2025 - 11:00
УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» зыфIищу 2009 гъэм Налшык къыщыдигъэкIа и тхылъым ихуахэм ящыщщ адэкIэ къыщытхьынухэр.
Вагъуэзэбын - созвездие, вагъуэ гуэрэн ззэхэт.
Вагъуэлэкъум – планетэ.
Вакъуэ – къахьауэ япI щIалэ цIыкIу, пIур («къан» жыхуаIэрщ).
Вакъуэ адэ – пIурыр зыпI адэ.
Вакъуэ анэ – пIурыр зыпI анэ.
27 мая, 2025 - 10:00
Ди тхыгъэм фIэтща псалъэхэр зытет фэеплъ пхъэбгъум занщIэу гу лъыботэ, Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт курыт школ №1-м и тхыдэ-хэкурыдж музейм узэрыщIыхьэу. Пхъэбгъум кIэрылъ сурэти 10-м къищхэр а школым и егъэджакIуэу щытахэщ: Апажэ Нэжмудин, Борий Дзэшу, ГъущIынэ Хьэмзэт, Дзагуэ Къэралбий, Къашыргъэ Хьэжысмел, Куэшмэн Исхьэкъ, Куэшмэн Екъуб, Лий Назир, ЛIуп Хъанджэрий, Хьэщыкъуей Хьэмидбий. Хэку зауэшхуэм и 2-нэ махуэм ахэр псори зэгъусэу военкоматым кIуащ, фронтым ягъэкIуэну щIэлъэIуу тхылъ ятхри, зауэм дэкIащ.
27 мая, 2025 - 09:30
США-м и президент Трамп Дональд хэхыныгъэхэм я пэкIэ къызэригъэгугъауэ щытахэм ящыщ зыр игъэзэщIащ. Абы и унафэкIэ хэIущIыIу ящIащ иджыри къэс щэхуу Лъэпкъ архивым щахъума дэфтэр куэд. Я нэхъыбэр егъэщIылIащ 35-нэ американ президент Кеннеди Джон зэраукIам.
27 мая, 2025 - 09:00
Накъыгъэм и 27, гъубж
♦Библиотекэхэм я урысейпсо махуэщ
♦Санкт-Петербург къалэм и махуэщ
♦1951 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 21 - 23-рэ, жэщым градус 13 - 15 щыхъунущ.
|