Календарь событий

29 мая 2025

Налшыкдэсхэр ятокIуэ

Къалэхэм я Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Прохладнэ щIыналъэм и Алътуд къуажэм и топджэгу губгъуэм щекIуэкIащ. «Искра - Алтуд» зыфIаща абы щызэпеуащ ди республикэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ингушым я топджэгу ныбжьыщIэхэр. 
Зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Налшык къалэм Iэпщэ Александр и цIэр зэрихьэу дэт спорт еджапIэм и командэм. Зэхьэзэхуэм и топджэгу нэхъыфIу къалъытащ Хъуэт Къантемыр. Командэм и тренерыр Дарчиев Аланщ. 

Хэкур фIыуэ лъагъуныр абдеж къыщыщIедзэ

2025 гъэм накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ шыщхьэуIум и 1 пщIондэ екIуэкIынущ Урысейм и жыг телъыджэхэр къыщыхах зэхьэзэхуэр. Мы гъэм абы хэтщ ди къэралым и щIыналъэхэм къыщыкI жыг 70.

МазэцIэхэмрэ махуэцIэхэмрэ

Илъэс мин бжыгъэхэм къыщынэркъым адыгэхэм ди тхыдэм, ди хабзэм и лъабжьэр къыщежьэр. Абы зэман блэкIа куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Ар уи фIэщ хъун щхьэкIэ ирикъунщ адыгэбзэм и къулеягъыр, абы хэт фIэщыгъэцIэхэм я къэхъукIэм и гъэщIэгъуэнагъыр. Апхуэдэ зы Iуэхугъуэм теухуа лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнщ профессор Тау Хьэзешэрэ абы и еджакIуэ Батыр Любэрэ зэпкърахыр. 

Дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэр

 Къурмэн махуэр зи цIэм епха Ибрэхьим Бегъымбарым Алыхьталэм къыфIища цIэ лейхэм язщ «Хъэлил»-р, и мыхьэнэкIэ: «ныбжьэгъу». Ар зэхаха нэужь, мелыIычхэр щIэупщIащ: «Уа Ди Тхьэ! Уэ Ибрэхьим ныбжьэгъу пхуэхъуну? Ар зэи хущIыхьэркъым, абы щхьэгъусэ, бын, мылъку иIэщ, и щхьэ Iуэхур къэгъэнауэ. 
 - Сэ си пщылIым и теплъэми и мылъкуми сеплъыркъым. Си ныбжьэгъум Сэ Схуэдэу зыри фIыуэ зэримылъагъур СощIэ. Фи фIэщ мыхъумэ, вгъэунэху, - къажриIащ. 

Дахагъэм и къарур

Урысей Федерацэм хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ щыщу зыкIэлъыплъыжыным, загъэдэхэным пыщIа Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэзыщIэ IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм я бжыгъэр мини 113,6-м щIигъуащ. 

Зы уэрэдым и дамитI

«Дэ зы уэрэдым и дамитIу,
Зы фоч зэгуэту дызэкъуэтщ.
Зы къамэ закъуэм дридзитIу
Дэ лIыгъи щIыхьи дымыгуэш»…

Жэщтеуэ усиплIым я хъыбар

Нало Заур и рассказхэм гупсысэ куу ящIэлъщ, я купщIэр инщ. Дэтхэнэми узэщIигъэгупсысыжу, зы гукъэкIыж гуэрхэм ухилъасэу апхуэдэщ. Ди тхакIуэхэм, критикхэм ящыщхэр тетхыхьащ абы и IэдакъэщIэкIхэм, щхьэж езым и еплъыкIэкIэ нэхъ къехъулIауэ къилъытэр къыхигъэщу. Абыхэм ящыщ зыщ КъШР-м щыщ усакIуэ, тхакIуэ Бемырзэ Зураби. Налом и рассказхэм абы къахегъэщ «Жэщтеуэр» икIи абы пэджэжу усиплI иусащ. Абы ипэ къихуэу рассказыр къызэрыщыхъуам фыщыдогъэгъуазэ.

Тыркум кIуэну загъэхьэзыр

Урысей Федерацэм кикбоксингымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Мэзкуу областым хыхьэ Наро-Фоминск къалэм щекIуэкIащ дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэмрэ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъумрэ теухуауэ.

Шэ хьэлэлым къыдэкIуэ хьэл

Нэхъыжьыр нэхъыщIэм щыхуэарэзым деж, хужиIэ щытхъу гъэщIэгъуэнхэм язу адыгэбзэм мыри хэтщ: «Шэ хьэлэл ефащ». Дэнэу пIэрэ къыщежьэр а псалъэуха дахэр? 

НОБЭ

Накъыгъэм и 29, махуэку