Календарь событий

01 июня 2025

«Сэ Шэнджыр сыщалъхуащ, сыадыгэщ!»

«Зэманым декIур лIыфIщ», - жиIэгъащ адыгэм. Зи гугъу тщIы Iуэхур, шэч хэмылъу, нэрылъагъу хъуащ накъыгъэм и иужьрей махуэхэм. Хэт зигу къимыузыкIар Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я Щыгъуэ-щIэж  махуэм?!  

Пэжыр щIэблэм сакъыу хуахъумэ

«Спортым и лIыхъужьхэр - Зауэм и лIыхъужьщ: ТекIуа­хэм я щIэин» урысейпсо ­хэкупсэ Iуэхугъуэ щхьэпэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм щагъэлъэгъуащ Хэку зауэшхуэм хэта спортс­менхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм теухуауэ траха фильм­хэр икIи иужькIэ ар къазэ­рыщыхъуам тепсэлъыхьыжащ къызэхуэсахэр. Абы ирагъэблэгъащ республикэм и спорт еджапIэхэм я гъэсэн ныбжьыщIэхэр.
 

IэнатIэм хуэпэжа

Къаныкъуэ Валерэ и ныбжьыр
илъэс 65-рэ ирикъуащ

Экспортымрэ хэхъуэмрэ

Урысей Федерацэм и мэ­къу­мэш-промышленнэ комплек­сым и продукцэу 2024 гъэм хамэ къэралхэм хура­гъэшам и куэдагъымкIэ, тонн бжыгъэкIэ къэбгъэлъа­гъуэмэ, дуней псом ещанэ увыпIэр щиIыгъщ ди къэралым икIи проценти 5-кIэ абы нэгъабэ хигъэхъуащ е тонн мелуани 109-рэ хъуащ. Ахъ­шэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, ­псори зэхэту доллар мелард 43-м щIигъу и уасэ ящащ. 

Зыри гулъытэншэу къэдгъэнэнукъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зы­хуэсщI­хэ!
Си гуапэу сынывохъуэхъу Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэмкIэ!
Ди къэралым къызэрымыкIуэу гулъытэшхуэ ще­гъуэт щIэблэр гъэсэным, сабий зэрыс унагъуэхэм ­защIэгъэкъуэным. Аращ зыхуэгъэпсар «Унагъуэ» лъэпкъ проектыщIэри къэрал, щIыналъэ программэ куэди.

Гъуазджэм и къарур Дагъыстэным щагъэлъагъуэ

Дунейпсо Арт комитетым Дагъыстэн Республикэм хыхьэ Дербент къалэм накъы- гъэм и 9-м щыщIэдзауэ махуитхукIэ щригъэкIуэкIащ «Огни Дагестана» япэ лъэпкъы-бэ зэпеуэр. Ар къызэригъэпэщащ Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ.