|
Календарь событий
02 июня 2025
2 июня, 2025 - 16:00
Ахматовэ Адинэ КъБКъУ-м и медицинэ къудамэр къиуха нэужь, Сеченовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт Япэ къэрал медицинэ университетым и ординатурэм щIэтIысхьащ, адэкIэ и Iэзагъэм щыхигъэхъуащ Владимирскэм и цIэр зезыхьэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым дерматовенерологиемрэ дерматоонкологиемкIэ, дерматоскопиемкIэ и къудамэм. Интернатурэр щрихьэкIащ Герценым и цIэр зезыхьэ, онкологиемкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым. Апхуэдэу абы къиухащ Сеченовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт Япэ къэрал медицинэ университетым и аспирантурэри.
2 июня, 2025 - 16:00
Илъэс куэд щIащ сэ МэшбащIэ Исхьэкъ ныбжьэгъу сызэрыхуэхъурэ. ЗекIуэ и вакъэ лажьэркъым жыхуаIэу, си напщIэм телъ а ныбжьэгъугъэр къыздисхауэ щытар КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щызэпысча гъуэгуанэхэрат: 1969 гъэм туристхэм срагъусэу Сириемрэ Ливанымрэ сыкIуат. Абы щыгъуэ сэ илъэс тIощIрэ щырэ сыхъуу арат, а зекIуэм и фIыгъэкIэ къэзгъуэта си ныбжьэгъур сэ нэхърэ илъэс 15-кIэ нэхъыжьт. Ауэ, нэхъыжьыфIти, сигъэныбжьэгъуу, сигъэгушхуэу сызригъэгъусащ.
2 июня, 2025 - 15:29
ТхакIуэ, усакIуэ, УФ-м и Журналистхэми ТхакIуэхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, «Илъэсым и журналист нэхъыфI» (I993 гъэ) саугъэтым и лауреат Хьэту Пётр Мацулэ и къуэр I950 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2-м Шэджэм районым хыхьэ Нартан къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, Налшык дэт щэнхабзэ-узэщIыныгъэ училищэм и режиссёр факультетыр I974 гъэм къиухащ. Краснодар ЩэнхабзэмкIэ и институтым илъэсищкIэ щеджащ. I99I-I996 гъэхэм Дон Iус Ростов Кавказ Ищхъэрэм къэрал Iуэху зехьэнымкIэ щыIэ академием пресс-менеджер, правовед IэщIагъэхэр щызригъэгъуэтащ.
2 июня, 2025 - 15:00
Мэкъуауэгъуэм и 2, блыщхьэ
Къэуат зыщIэлъ ерыскъымрэ шхынкIэ емыгъэлеинымрэ я махуэщ
1928 гъэм Налшык тхылъ тедзапIэ къыщызэIуахащ.
1950 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист Хьэту Пётр.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус I8 - I9, жэщым градус 15 - 16 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
2 июня, 2025 - 14:26
Гугъуэт Миланэ сабийхэм я дзэм еIэзэ дохутырщ, «Дента Лэнд» дзэ клиникэм щолажьэ. НыбжькIэ щIалэ пэтми, гурэ псэкIэ къыхиха IэщIагъэм и Iэмалхэмрэ щэхуу хэлъхэмрэ къигъэIэрыхуащ. ЦIыкIухэм я узыншагъэм укIэлъыплъыным къалэн къыпщещI ахэр фIыуэ плъагъуныри, къыдэпхьэхыфынри.
2 июня, 2025 - 14:00
ХъумпIэцIэджхэм яIэщ гуащэ
ХъумпIэцIэджхэм псэупIэ ящI щIыр, мывэ лъабжьэхэр, пхъэ зэхуакухэр. Зы хъумпIэцIэджыгъуэм хъумпIэцIэдж мелуан хуэдиз щыпсэункIэ хъунущ. Абыхэм яхэтщ зэи гъуэр зымыбгынэ хъумпIэцIэдж гуащэ. ХъумпIэцIэдж гуащэр илъэс 30 хуэдиз псэуфынущ, мыдрейхэм я пIалъэр илъэсищщ.
КъарууфIэхэщ
2 июня, 2025 - 13:24
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №151-УГ-мкIэ къащтам, хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
2 июня, 2025 - 13:22
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыхъужьхэр» республикэ программэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2025 гъэм щIышылэм и 28-м къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ къащтар, гъэзэщIэным елэжьыну жылагъуэ советым хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
2 июня, 2025 - 12:55
Мэкъуауэгъуэм и 6-хэм хуозэ мыгъэрей Къурмэн Хьид махуэ лъапIэр, Хьиджрэ махуэгъэпсымкIэ зуль хьиджджэ мазэм и I0-р. Абы и пэ къихуэ жэщипщIым я лъапIагъыр КъурIэным Алыхьталэм и тхьэрыIуэкIэ «Фэджр» сурэм къыщыхэгъэщхьэхукIащ: «ЖэщипщIымкIэ соIуэ» (89:2).
2 июня, 2025 - 12:33
Хы ФIыцIэм и Iуфэм къедза Лазаревск (ПсыфIыпэ) жылэшхуэмрэ Тхьэгъэпщрэ я зэхуаку дэс Алексеевкэ урыс къуажэ цIыкIум (Урысейм и пащтыхьу щыта Николай ЕтIуанэм и къуэ Алексей и цIэр фIащащ) и Iэгъуэблагъэм (а щIыпIэм гъуае шапсыгъ къудамэм щыщхэр щыпсэуащ) кхъащхьэ Iуащхьэжьу 34-рэ къыщагъуэтыжащ.
2 июня, 2025 - 12:26
Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм илъэс блэкIам иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм къарикIуахэмрэ 2025 гъэм къапэщылъ къалэнхэмрэ щытепсэлъыхьащ иджыблагъэ Мэзкуу щызэхаша зэIущIэм. Абы хэтащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Патрушев Дмитрий, мэкъумэш хозяйствэмкIэ министр Лут Оксанэ, къэралым и щIыналъэхэм я унафэщIхэр, Федеральнэ Зэхуэсымрэ Къэрал Думэмрэ, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ еджапIэхэмрэ я лIыкIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэр.
|