|
Календарь событий
04 июня 2025
4 июня, 2025 - 16:00
Лъэпкъ узыншэм и нэщэнэщ щIэблэ дахэр, хэлъэт зиIэ, зи тхыдэм ириплъэж, лъэпкъ Iуэху зезыхуэ щIалэгъуалэр. Апхуэдэ щIалэгъуалэм уагъэгугъэ къэкIуэну дахэкIэ, уагъэгушхуэ зэфIэкIхэмкIэ. Нобэ ди лIыхъужьыр абыкIэ щапхъэщ. Адыгэ лъэпкъым и шыфэлIыфэр, и гупсысэкIэ-дуней тетыкIэр, и IуэхущIафэхэр тхыдэм къыхигъэбелджылыкIыурэ, ди зэманым екIуу кърепх.
4 июня, 2025 - 15:00
Урысей Федерацэм и хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ ящыщу мин 14,5-м щIигъум къыщIагъэкI хьэпшыпхэр е ящIэ Iуэхутхьэбзэхэр сабийхэрщ зейр икIи иужьрей илъэсищым къриубыдэу апхуэдэ IуэхущIапIэхэм я бжыгъэм проценти 10-м нэблагъэкIэ хэхъуащ. 2023 гъэм абыхэм псоми зэхэту сом меларди 188-м нэблагъэ къалэжьащ, 2024 гъэм ар сом мелард 200-м щIигъуащ, къитащ иджыблагъэ МСП Корпорацэм.
4 июня, 2025 - 15:00
БэнакIуэ цIэрыIуэу щыта Алиев Алий и цIэр зэрихьэу Дагъыстэным и Каспийск къалэм дэт, ЩIалэгъуалэм я спорт уардэунэм щекIуэкIащ УФ-м тэмэму зэхэзымыххэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я чемпионат. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 28-м я бэнакIуэ 76-рэ, я ныбжькIэ илъэс 21-м щIимыгъуауэ.
4 июня, 2025 - 12:40
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щыхэплъащ хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хуэунэтIа лъэпкъ пэхуэщIэхэр ди республикэм зэрыщагъэзащIэ щIыкIэм. ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ нэгъабэ яхузэфIэкIамрэ дызэрыт илъэсым зэлэжьыну къапэщылъхэмрэ я гугъу ищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Белецкая Ольгэ.
4 июня, 2025 - 12:26
2024 - 2025 гъэ еджэгъуэр иухащи, егъэджакIуэхэр ироплъэж илъэс блэкIам зрагъэхъулIэфахэм, къэкIуэнум хуаIэ къалэнхэр яубзыху. А Iуэхугъуэхэм къытхутопсэлъыхь УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щомахуэ Ларисэ Ибрэхьим и пхъур. Ар Тэрч къалэм дэт курыт школ №2-м илъэс куэд лъандэрэ щолажьэ, урысыбзэмрэ литературэмрэ иригъэджу. 1988 гъэм КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие къудамэр къиухащ, зыщылажьэ курыт школым, Тэрч щIыналъэм урысыбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIщ.
4 июня, 2025 - 12:21
ПсыщIэгъэлъадэм и махуэр гъэлъэпIэн хуейуэ ди къэралым япэу щагъэувар СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1976 гъэм накъыгъэм и 24-м къищта унафэм тетущ. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, а Iуэхум пыщIа IэнатIэхэм гулъытэ хэха хуащI мэкъуауэгъуэм и япэ тхьэмахуэ махуэм.
4 июня, 2025 - 12:18
Лъэпкъ литературэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Шортэн Аскэрбий. Къапщтэмэ, япэ къэбэрдей романыр (тхылъиплI хъууэ) зи Iэдакъэ къыщIэкIар (абы и япэ тхылъыр 1954 гъэм къыдэкIауэ щытащ). Дунейм къытехьащ Аскэрбий и тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд - пьесэхэр, рассказхэр, IуэрыIуатэр щидж къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр. Абы и творческэ гъуэгуанэм тхыгъэшхуэ триухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэм.
4 июня, 2025 - 12:14
Тэрч районым и Урожайнэ къуажэм щыщ Хъыдзэдж Анатолэ курыт еджапIэр къыщиухам, адэ-анэр щIэхъуэпсырт щIалэм щIэныгъэм зрипщытыным. АрщхьэкIэ ныбжьыщIэм куэд щIауэ зызыхуигъасэ адыгэ къафэхэм и псэр ятхьэкъуат…
4 июня, 2025 - 12:12
Дунейм и пIалъэ зыщIэу псэууэ щыта пасэрейхэм къащIэнащ нэщэнэ куэд. Ахэр игу ириубыдэкIэрэ, дунейм хуэIэзэ хъукIэрэ цIыхум и зэфIэкIым зиузэщIырт, гъащIэм хуэIэижь хъурт. Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищIыр дунейм и къэхъукъащIэхэрт. Мэкъумэшым зи гъащIэр теухуар абы пыщIахэм елIалIэрт, Iэщым хэтым абы и пIалъэр нэхъ къыфIэIуэхут. Апхуэдэхэр IупщIу щынэрылъагъущ Iуэхугъуэ куэдым, абы адыгэ мазэцIэхэри хэту.
4 июня, 2025 - 12:10
Мэкъуауэгъуэм и 4, бэрэжьей
♦Бийр къащытеуам хэкIуэда сабийхэм я дунейпсо махуэщ
♦1943 гъэм Налшык щекIуэкIащ фашистхэм я бийуэ республикэм и цIыхубзхэм къызэрагъэпэща пэкIур.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 26-рэ, жэщым градус 15 - 17 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
|