Календарь событий

06 июня 2025

Берлин нэсыхукIэ

ТекIуэныгъэ-80

Сабэ налъэ хуэдиз къыхимынэжу

Астрофизикхэр мы зэманым зэрегупсысымкIэ, мащэ кIыфIхэр – уахэм зыщызыудыгъу, IэщIыхьар зыIэщIэзымыгъэкIыж, и зэхэлъыкIэмкIи зэманыр зэрыщекIуэкIымкIи зэщхь щымыIэ къэщIыгъэ шынагъуэщ. Пкъыгъуэу зыщIилъафэм щыщ гуэри къызэримыутIыпщыжым и мызакъуэу, нэхур зыдз фотон нэгъунэ къызэрыIэщIэмыкIыжыфым и зэранкIэ, зи гугъу тщIы къэщIыгъэхэр здэщыIэр къэхутэгъуейщ.    

Пэжым и гъуэгу кIыхьыр

ГъащIэр фIырэ IейкIэ зыгъэунэхуам гу лъитэнущ пцIым «лъакъуэ зэрыщIэтым». Махуэ, мазэ, илъэс, уеблэмэ лIэщIыгъуэ псо зэринэкIыфынкIи хъунущ абы, итIани, гува-щIэхами, пэжыр сэтейм къытохьэж. 
Матросов Александр и цIэр Хэку зауэшхуэм и тхыдэм къызэрыхэщыр нэщхъеягъэшхуэ пылъущ. Псоми ящIэ хъыбарым ипкъ иткIэ, щIалэм нэмыцэ щIытIым къиукI пулемётыр зэригъэувыIэн Iэмал щимыгъуэтым, езым абдежым зыIуиубгъуэри, и ныбжьэгъухэр бийм ебгъэрыкIуэну хуит ищIащ. 

Дэтхэнэри арэзы ещIыф

Зыпэрыт IэнатIэр гурэ псэкIэ къыхэзыха цIыхурщ лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьэфынур. Апхуэдэ цIыхухэм я къалэныр жэуаплыныгъэшхуэ яхэлъу ягъэзащIэ икIи я IэнатIэр сытым дежи зэрефIэкIуэным хущIэкъуу апхуэдэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ Нарткъалэ дэт, ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщым гинекологиемкIэ и къудамэм и унафэщI Бро (Мысрокъуэ) Маритэ Пагуэ и пхъур. Илъэс 47-рэ хъуауэ ар дохутыру мэлажьэ, иджыпсту зыпэрыт къулыкъур илъэс 23-м нэблэгъауэ ирехьэкI.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутат Хьэщпакъ Маринэ Щыхьбан и пхъум и полномочиехэр и пIалъэр къэмысу зэриухам и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и   

Унафэ

Зауэ гъуэгум

Ахуэмгъуэт Хьэсин Тамбий и къуэр Къызбрун ЕтIуанэ (Ислъэмей) къуажэм къыщалъхуащ 1923 гъэм, накъыгъэм и 9-м. Тамбий и унагъуэм зэгурыIуэ илът, лэжьыгъэр фIыуэ щалъагъут, хьэщIагъэ яхэлът. ЛIыр колхозым щылажьэрт, унэгуащэм унагъуэ, бын Iуэхухэр и пщэм дэлът. Анэм быным яхилъхьэрт щэн дахэ, щIипIыкIырт адыгэ хабзэм, игъасэрт цIыхугъэ яхэлъу. Апхуэдэу и бынхэр игъэсэнымкIэ сэбэп къыхуэхъут щIэх-щIэхыурэ яжриIэ хъыбарыжьхэр, IуэрыIуатэр, и нэхъыжьхэм ядилъэгъуа щапхъэхэр. Хьэсин зэрыбынитхум я нэхъыжьт.

Хужь-фIыцIэ-яжьафэ

Америкэм къыщалъхуащ икIи къыщыхъуащ. Адыгэщ! Хамэ щIыпIэм къыщыхъуам, хамэбзэ зэхэзыхам, хамэ хабзэ зылъэгъуам зэрыадыгэр щхьэ къыфIэIуэхун хуей?! Ар лъым и къарущ. Аращ дунейм хэгуэша адыгэр дызэпызыщIэжри. 

«Уи Африкэ къэткъым!»

ТхакIуэ, драматург, РСФСР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шортэн Аскэрбий (1916 - 1985 гъ.гъ.) ящыщщ ди лъэпкъ театрым и япэ режиссерхэм. И зэманым ар жыджэру адыгэ щэнхабзэмрэ литературэмрэ хэлэжьыхьащ, и художественнэ тхыгъэхэмкIэ (пьесэхэр, очеркхэр, рассказхэр, фельетонхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ) цIыхубэр щIэныгъэм, гъуэгу захуэм, тхыдэр хъумэным хуиунэтIащ.

Нобэ

Мэкъуауэгъуэм и 6, мэрем

Къурмэн хьид махуэ лъапIэмкIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм щыпсэухэм йохъуэхъу

Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэ­рым ис муслъымэнхэм сохъуэхъу Къурмэн махуэ лъа­пIэмкIэ.
А махуэщIыр гъэнщIащ цIыхупсэр зыгъэдахэ, зыгъэнэху гурыгъу-гурыщIэхэмкIэ. Ислъам диным и псэкупсэ лъабжьэ быдэм и щыхьэту, абы дэтхэнэми и гупсысэхэр хуеунэтI цIыхур фIыуэ лъагъуным, гущIэгъур, дэхуэхам дэIэпыкъуныр, псапэр, захуагъэр, тэмакъкIыхьагъыр, зэгурыIуэныгъэр игъэнэхъапэу дунейм тетыным.