ДызыхуэкIуэ илъэситхум къриубыдэу Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм лэжьэн щыщIадзэнущ пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэхэмрэ къэзыгъэкI, абыхэм елэжь IуэхущIапIи 10 - 11-м, иджырей жыг хадэхэр зыгъэтIысхэр яхэту. А пэхуэщIэхэм инвестицэ ахъшэу псори зэхэту сом мелард 20,5-рэ текIуэдэнущ.