Календарь событий

09 июня 2025

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и цIыхухэм Урысыбзэм и махуэмкIэ зэрехъуэхъур

ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ! Урысей Федерацэм илъэс къэс мэкъуауэгъуэм и 6-м щагъэлъапIэ Пушкиным и махуэмрэ Урысыбзэм и махуэмрэ. Ди усакIуэ щэджащэ Пушкин Александр Сергей и къуэращ нобэ цIыху мелуан 250-м щIигъу зэрыпсалъэ иджырей урысыбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар. 

И лъэпкъым папщIэ псэуа Хъуран Батий

Дунейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэр абыхэм я анэдэлъхубзэращ. Адрей бзэхэми хуэдэу, ди адыгэбзэми тхыдэ кIыхь иIэщ, гъуэгуанэ купщIафIэ къикIуащ. Адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум сыт щыгъуи игъэпIейтейуэ лъэпкъым папщIэ псэуа цIыху пэрытхэм ящыщ адыгэ щIэныгъэлI, еджагъэшхуэ, хэкупсэ нэс Хъуран Батий къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 135-рэ мэхъу (1890 - 1928). 

ЦIыхухэр гулъытэ щызымыгъащIэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысейм и социальнэ лэжьакIуэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ а IэнатIэм пэрытхэм.

ЩIэблэ лъэрызехьэ

«Динамо»-м и ныбжьыщIэ» фIэщыгъэр зэрихьэу дзюдомкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ингушым, Шэшэным, Дагъыстэным я спортсмени 138-рэ.
Ди республикэм и бэнакIуэхэм ящыщу килограмм 55-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр къыщихьащ Унэж Темырлан, Бэч Анзор абы етIуанэ щыхъуащ, Темрокъуэ Идар ещанэщ. Пщыбий Амир дыщэ, Iэрыпщэ Къантемыр дыжьын, Атэбий Темырлан домбеякъ медалхэр къыщахьащ килограмм 60 зи хьэлъагъ бэнакIуэхэм я деж. 

Фалвар и тыгъэр

Осетин таурыхъ
      Зи гъащIэ кIыхьыр быныншэу езыхьэкIа Къуэгъулъкъу Къуэгъулъкъуэ  и  жьы  хъугъуэм  зы   мыщэ  цIыкIу  къуэуэ   игъуэтыжат. Куэдрэ гъынэнащ Къуэгъулъкъуэ, ауэ мыщэ шырри фIэпсэкIуэдти, еуэри  ипIын  щIидзащ. Мыщэ  шырри  ауэрэ  хохъуэ,  кумбым   зыри  имыщIэу  исщ,  нэгъуэщI  къалэн  иIэкъым. 
     Зэман  докIри,  мыщэм щIалэхэм я  зым зыхуегъазэ: 
- КхъыIэ, зекIуэ  сыздэшэ!
      Арати,  зекIуэлIхэм  яхэту  ежьа  мыщэ  шырыр  зэрыгупу  зыхуагъэфащэ  лIыгъэр    и    закъуэ   зэрихьауэ   къокIуэлIэж.  

Ныбжьэгъугъэмрэ лэжьыгъэмрэ

ЦIыхум и гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ ныбжьэгъум, къыдэгъуэгурыкIуэ цIыху пэжым. Къуныжь Алимрэ Думэн Мурадинрэ зэрызэрыцIыхурэ куэд щIащ. Зэдэлэжьэн и пэжкIэ, Алим Музыкэ театрым и артисту, Мурадин «Кабардинка» ансамблым къыщыфэу щытащ. Абы лъандэри зэнэIуасэщ, зэныбжьэгъущ. 

БзэщIэныгъэри гъэсэпэтхыдэщ

Анэдэлъхубзэр япэ иригъэщу зи гъащIэр езыхьэкIа, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» зыфIищу 2009 гъэм Налшык къыщыдигъэкIа и тхылъым къитхыжахэм ящыщщ адэкIэ къыщытхьхэр.
Гъагъэпс – бжьэхэм удз гъэгъахэм кърах фоупс (нектар).
Гъазэ – I. Фэбз зиIэ гъущIым фIаIуантIэ кубз – гайка; 
  2. Фэбз зиIэ гъущI Iунэхэр зэрыхаIуантIэ Iэдэ пэ пIащIэ – отвертка для закручивания шурупов.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм хабзэншагъэкIэ пхъэхэр щагъэхьэзырыныр, щащэн- къыщащэхуныр къэмыгъэхъуным хуэгъэза Iуэхухэр зэгъэуIунымкIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм хэтхэр къэщтэным икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2017 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м къыдигъэкIа унафэ №190-ПП-м и 2-нэ пунктым и ещанэ абзацым къару имыIэжу къэлъытэным я IуэхукIэ

ЩIэблэр щIапIыкI

Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэр кIуэ пэтми тпэIэщIэ мэхъу, ауэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэр, къагъэлъэгъуа хахуагъэр, къалъыкъуэкIа къару мыкIуэщIыжыр дапщэщи фэеплъ лъапIэу къыддокIуэкI. 

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм  и 9, блыщхьэ
Архивхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм и Промышленность псынщIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
1935 гъэм Iуащхьэмахуэ и щыгум япэ дыдэу гупышхуэ дэкIащ.
1949 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Чым Агнессэ.
1964 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и член-корреспондент Блахъуэ Хьэзрэт.

Хэкум и къуэ пэж

Къыпхуэмылъытэн хуэдизу куущ АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, МэшбащIэ Исхьэкъ адыгэ, урысей, дунейпсо литературэхэм яхуищIа хэлъхьэныгъэр. СатыриплI хъу усэхэм щегъэжьауэ, адыгэ тхыдэм куууэ дризыгъэплъэж романхэр зэрыт тхылъи I00-м щIигъу къыдигъэкIащ абы. Къыщалъхуа лъахэмрэ къызыхэкIа лъэпкъымрэ я къуэ пэжу къыщIэкIа тхакIуэм и тхыгъэхэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей- Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ