Календарь событий

10 июня 2025

БадзэуэпIэшэ

Узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэр гъэхъужыным адыгэхэр хуэIэзэу щытащ. БадзэуэпIэшэ (белемнит) мывэри къагъэсэбэпырт. 

АфIэунэ Исмел и вагъуэр

 Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ щигъуэта лъэхъэнэм ди щIыпIэм къыпэщылъ къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщт цIыхубэр щIэныгъэншагъэм къыхэшыныр. Къэралпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхушхуэр зэфIэхыным и гуащIэ куэд хилъхьащ адыгэ лъэпкъ еджагъэшхуэ, хэкупсэ нэс АфIэунэ Исмел ТIулэ и къуэм. ГъащIэ кIэщIт Исмел, ауэ абы и дэтхэнэ сыхьэтри Iуэхугъуэ инхэмкIэ гъэнщIауэ, купщIафIэу щытащ.

Лабрис – синдхэм я щыхьэр

   «Тыргъэтауэ» зэрыжытIэу, ЖьакIэмыхъу КIунэ ди нэгум къыщIохьэ. IутIыж Борис и драматург Iэзагъымрэ зи цIэ къитIуа артисткэм зыми хэзымыгъэгъуащэ и джэгукIэмрэ зэуIури, тхыдэ жыжьэм и зы теплъэгъуэ ди нэгум хьэзыру къыщIигъэувауэ щытащ. Пэжу пIэрэ-тIэ синдхэмрэ адыгэхэмрэ зыгуэр зэхуаIуэхуу? 

Адыгэ литературэм и классик

Гугъущ зи цIэм дунейпсо мыхьэнэ игъуэта тхакIуэшхуэм утетхыхьыну. Зы тхыгъэкIэ, дауи, къыпхуэгъэлъэгъуэнукъым, зы цIыху акъылми къитIэщIыфынукъым абы и IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмрэ гупсысэ куухэмрэ, и къекIуэкIыкIамрэ нобэ ныбжькIи, зэфIэкIкIи, зэчийкIи здынэса лъэгапIэшхуэмрэ.

IэщIагъэмрэ щыIэныгъэмрэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым зыбжанэ лъандэрэ лэжьыгъэ хъарзынэ ирегъэкIуэкI, еджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха ныбжьыщIэхэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ. 

Тхыгъэ налкъутхэр

ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэхэм къэбэрдей литературэм пхужымыIэну зыужьыныгъэшхуэ иратащ, лъагапIэщIэхэм ар хуашащ. УсакIуэ гъуэзэджэм и цIэр зымыщIэ, фIыуэ зымылъагъу, и тхыгъэхэм щымыгъуазэ ди цIыхухэм зыри яхэткъым. Ар щыхьэт тохъуэ ЩоджэнцIыкIум и тхыгъэхэм мылIэжыныпсэ зэраIутым, цIыхухэм я лъагъуныгъэр абыхэм къызэрахьам. Абы и творчествэр куууэ зэпкърихащ икIи щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд триухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Андрей.

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и I0, гъубж
1744 гъэм Урысеймрэ Тыркумрэ зэращIылIащ Кючук-Кайнарджи мамыр зэгурыIуэныгъэр. Абы ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр Урысейм и зы Iыхьэу къалъытат.
1925 гъэм къалъхуащ режиссёр цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Ерчэн Леонид.
1949 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Инэрокъуэ Аллэ.

Тхьэрыкъуэ гъэсахэр

Хьэр цIыхум зэриныбжьэгъум псори дыщыгъуазэщ. Ауэ ардыдэр хужыпIэ хъунущ тхьэрыкъуэми. А къуалэ телъыджэр ди гъащIэм куууэ хэтщ, къыдэсащ, хэбгъэзыхьмэ, къыддоIэпыкъу. Пэжщ, пэжщ: тхьэрыкъуэхэр гузэвэгъуэ хэхуахэр къызэрырагъэлам теухуа хъыбархэр, уеблэмэ, къыщожьэ Пасэрей Египетым, Алыджым, Къэжэрым  (Персием), нэгъуэщI къэралхэми. Щхьэ жыжьэ дыIэбэрэ? Тхьэрыкъуэ гъэсахэм Хэку зауэшхуэм зыкъыщагъэлъэгъуащ укъэзымыгъэщIэхъуну пощтзехьэу икIи шынэ зымыщIэу.