|
Календарь событий
11 июня 2025
11 июня, 2025 - 16:00
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и пщIэр нэхъ лъагэу щиIэтащ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу 100-м я фIагъыр къэзыхута RAEX зи фIэщыгъэ къэралпсо пщалъэм.
11 июня, 2025 - 15:30
Уэсыр зэрытекIыу щIым къыхэкI къэрабэгъуэжь цIыкIур бжьыхьэркъэсудунейр щIыIэтыIэ хъухукъогъагъэ. Абы махуэмхуэзэу и фэр тIэу ехъуэж. Пщэдджыжьырдыгъэпсми, абы и тхьэмпэ цIыкIухэр жьыуэ къызэрыкIыркъым. Дунейр щыуфам зызэкъуихыркъым.
11 июня, 2025 - 14:30
Ерчэн Леонид Хьэжмырзэ и къуэм драмэ, музыкэ спектаклу 100-м щIигъу игъэуващ. Псом хуэмыдэу режиссерым ехъулIэныгъэшхуэ къыхуихьат Акъсырэ Залымхъан и «Дахэнагъуэ» пьесэмкIэ игъэува спектаклым. 1957 гъэм екIуэкIа ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я дунейпсо фестивалым (Москва) а драмэр щагъэлъэгъуа нэужь, лIыщхьэ куэд абы къыщытхъуауэ щытащ. И мыхьэнэкIэ нэхъ мащIэтэкъым Ерчэным Налшык щигъэува «Мадинэ» япэ лъэпкъ оперэри (Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ зэдатхам).
11 июня, 2025 - 12:26
Инжыдж псыхъуэм укъехыурэ, Жьакуэ къыкIэлъыкIуэу щыс къуажэр Алибэрдыкъуэщ (Хьэгъундыкъуейуэ щытащ, Гум псым пэгъунэгъуу щыса Хьэгъундыкъуей къуажэм къыхэкIауэ къыщIэкIынущ, щыIэщ Къармэхьэблэ къыхэкIауэ жызыIи). Къуажэм Алибэрдыкъуэ щыфIащар 1931 гъэрщ. (Бэрдыкъуэ Алий комсомолым хэтт, революцэм и телъхьэт, ар бандэм яукIащ. Iуэхушхуэ куэд зэфIихауэ, лъэужь ини къигъэнауи щыткъым, щIалэу хэкIуэдащ. Абы къыхэкIыу къуажэм и цIэр яхъуэжын хуэмеяуэ къэзылъытэри мащIэкъым).
11 июня, 2025 - 11:22
Япэ итахэр
Ди республикэм щыпсэу лъэпкъ инхэм ящыщ Къардэнхэ цIыху цIэрыIуэ куэд къытхэкIащ. Абыхэм яхэтщ еджагъэшхуэхэри щIэныгъэлIхэри, дохутыр Iэзэхэри спортсмен цIэрыIуэхэри, гъащIэм и лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм зи цIэфIхэр щызыгъэIуа нэгъуэщI куэди. Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэнхэ я лъэпкъ зэгухьэныгъэм и Хасащхьэм хэту щыта, хэкупсэу зи дунейр зыхьа Къардэн Хьэдис къытхуихьауэ щытащ къызыхэкIа лъэпкъыр зэрыпагэхэм ящыщ зым теухуа тхыгъэ.
11 июня, 2025 - 11:18
Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэхэм я зым и пщIантIэм щекIуэкIащ Къурмэн махуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэр.
11 июня, 2025 - 10:30
КъБР-м и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм накъыгъэм къриубыдэу иригъэкIуэкIа зэIущIэхэмрэ зыхэта дауэдапщэхэмрэ кIэщIу щыгъуазэ фытщIынщ.
Накъыгъэм и 11 - 13-хэм Дагъыстэным щекIуэкIащ «Псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэхэр Урысейм и цIыхуу зыкъэлъытэжыным и лъабжьэщ» щIалэгъуалэ зэхуэсышхуэ. Ислъам щэнхабзэм, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм зыщIэгъэкъуэнымкIэ фондым, КИФЩI-м и муслъымэн зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым, Дагъыстэн республикэм я дин IуэхущIапIэм я жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща зэIущIэ щхьэпэм хэтащ ди республикэм и лIыкIуэхэри.
11 июня, 2025 - 09:30
"Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм псэупIэ щаухуэн папщIэ языныкъуэ цIыхухэм пщIэншэу щIы Iыхьэхэр уней мылъкуу яхухэхыным етыным икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIы кодексым и 14-нэ, 17-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ" Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ" Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и лъэныкъуэкIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
11 июня, 2025 - 09:00
Мэкъуауэгъуэм и 11, бэрэжьей
♦1939 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ ДыщэкI ФатIимэт.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 30, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
|