ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэлъэпIащ адыгэ пьесэ нэхъыфI зытхахэм я зэпеуэм щытекIуахэр. Ар къызэригъэпэщащ IутIыж Борис и цIэр зезыхьэ фондым.
Тэрч районым и «Дуней» къэфакIуэ гупыр иджыблагъэ пашэ щыхъуащ Москва щекIуэкIа «Союз талантов России» XXXI дунейпсо зэхьэзэхуэм. Абы я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ Урысей Федерацэм и щIыналъэ 64-мрэ Белоруссиемрэ икIа гупи 189-м.