|
Календарь событий
19 июня 2025
19 июня, 2025 - 16:51
ГъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэ и щIыбагъ къыдэлъщ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, республикэм и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Джыназ Руслан Пщыбий и къуэм. Пщэрылъ къыщащI дэтхэнэ зы лэжьыгъэри нэгъэсауэ зэригъэзэщIэным хущIэкъуу IэнатIэ зэхуэмыдэхэм пэрытащ ар. Мы зэманым Джыназыр щолажьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжым, ар къэзыух ныбжьыщIэхэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщын IуэхумкIэ еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэу.
19 июня, 2025 - 15:49
Мэкъуауэгъуэм и 19, махуэку
1951 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, РАЕН-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик Соблыр Андемыркъан.
1960 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, республикэм и Правительствэм и саугъэтыр зрата БищIо Iэсият.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 25 - 26-рэ, жэщым градус 19 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
19 июня, 2025 - 15:47
Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ лъэпкъ балетыр щызэфIэува илъэсхэр. Проценкэ Александр, Гъубжокъуэ Болэт, Хьэкъул Розэ, Къардэн Борис, Архэст Хьэсэнбий, Энеев ТIэхьир, Кузнецов Юрэ, Кубарь Николай, Молэ Риммэ, Амщокъуэ Хьэужан, Беслъэней Рае, Дашу Мухьэмэд, Абыдэ Арсен, Сэбаншы ФатIимэ, Бэджокъуэ Хьэзрэт, Белокопытовэ Галинэ, Имам Нинэ, Величкэ Галинэ, Бекъалды Ахьмэд, Чуякъуэ Юрэ, Хьэмырзэ Мухьэмэд, ЖьэкIэмыхъу Малил...
19 июня, 2025 - 13:46
ЗэрытщIэщи, гъэмахуэм цIыхур Iуэхум къыщыпэрыкI, зыщигъэпсэхун щIыпIэхэр къыщилъыхъуэ лъэхъэнэщ. ЗыгъэпсэхуакIуэ кIуэхэм я нэхъыбэм бгылъэхэмрэ псы Iуфэхэмрэ къыхах. Зыгъэпсэхуным сыт хуэдизу цIыхум и нэгу зримыгъэужьми, сакъын, шынагъэншагъэмкIэ къызэрыгуэкI есэныгъэхэр иIэн зэрыхуейр псом я дежкIи гурыIуэгъуэщ. Ауэ псори цIыхум и Iэ илъкъым: езым емылъыта шынагъэхэр и гъащIэм къыщыщхьэщыхьэ къыхокI. Мис а щхьэусыгъуэхэращ къызыхэкIар «Шынагъэнагъэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэр.
19 июня, 2025 - 12:26
Старэ Шэрэдж къуажэм щыщу Хэку зауэшхуэм хэтащ цIыху 371-рэ, 247-р хэкIуэдащ. Хъыбарыншэу кIуэдахэмрэ гъэрыпIэм илIыхьахэмрэ я бжыгъэр 50-м щхьэдох. Псэууэ къела цIыху 70-м щыщу нэхъыбэм ныкъуэдыкъуэу къагъэзэжащ. А псоми я гугъу къытхуищIу ди газетым къэтхауэ щытащ Хьэмдэхъу Мухьэмэд, и къуажэгъухэм ящыщ зыбжанэм Хэку зауэшхуэм къыщагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэхэр къигъэнаIуэу.
19 июня, 2025 - 11:18
ЦIыху куэд ирызодауэ иджырей сабийхэр школым зэрыщегъэджэн хуей бзэм теухуауэ. Зы гупым пэщIэдзэ классхэр адыгэбзэм тегъэхьэн хуейуэ къалъытэ, анэдэлъхубзэр яIэщIэмыхун папщIэ. Адрейхэм ар ядэркъым, сыту жыпIэмэ, къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм урысыбзэ фIыуэ ямыщIэмэ, я щIэныгъэм зэрыхагъэхъуэну Iэмэпсымэ нэхъыщхьэр яфIэкIуэдынущ. Архивхэм къыщыдгъуэтыжащ ди щIыналъэр зэгуэр а щытыкIэм зэритамрэ абы къызэрикIамрэ теухуа щыхьэтхэр.
19 июня, 2025 - 10:01
Ингушым и Назрань къалэм дэт «Назрань» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ, зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ, самбэмкIэ я япэ фестиваль. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы щыIащ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт клубым и гъэсэнхэр.
19 июня, 2025 - 09:58
УФ-м и Правительствэм къэралым и щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и Президиумым и зэIущIэм щыхэплъащ псэупIэмрэ гъуэгу ухуэныгъэмрэ ехьэлIауэ къэралым щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэр зэрагъэзащIэ щIыкIэмрэ яхузэфIэкIамрэ. Ар иригъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.
|