Календарь событий

20 июня 2025

Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ

«Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» фестиваль-зэпеуэр ирагъэкIуэкI илъэс зыкъом щIауэ. А Iуэху дахэм нэхъапэкIи и гугъу фхуэтщIащ, ауэ иджыри дыкъыщIытеувыIэм и щхьэусыгъуэр абы  и унафэщI, педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат ТIажь Борис иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэхыхьэхэм ящыщу зи гугъу къытхуищIахэм фыщыдгъэгъуэзэну дызэрыхуейрщ.

Афиян зезыхьэхэм я бжыгъэр хохъуэ

Мэкъуауэгъуэм и 18-м Къэбэрдей-Балъкъэр МВД-м и Управленэм щекIуэкIащ наркотикхэм пэщIэтыным, абы щIалэгъуалэр димыхьэхыным теухуауэ республикэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ. 

И тхыгъэхэм ноби щIэупщIэ яIэщ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ Кхъуэхъу (Уэрдокъуэ) Цуцэ къызэралъхурэ мэкъуауэгъуэм и 20-м илъэси 105-рэ ирокъу. 

МафIэ жьэражьэхэр къыдэлыпщIыкIыу

ЩIыр зэкIэрэхъуэкI Дыгъэр зыхыхьэ Шыхулъагъуэ (Млечный путь) вагъуэ зэрыбын абрагъуэмрэ абы нэхъ къыпэгъунэгъу Андромедэ галактикэмрэ, астрофизикхэм къызэрабжамкIэ, секундэм километри 140-рэ къызэранэкIыу зэхуокIуэ. Ауэ щыхъукIи, а галактикитIыр зэгуэр зэхыхьэжыпэнущ. КърикIуэну зыхуагъэфащэри Iуэху цIыкIуфэкIукъым. ЩIэныгъэлIхэм жаIэм тетщIыхьмэ, а тIур гъунэгъу щызэхуэхъукIэ, я зэлъэIэсыпIэм диубыдэ вагъуэхэр зэхэткIухьыжу, я зэхуакуми мафIэ жьэражьэхэр къыдэлыпщIыкIыу щытынущ, щыупщIыIужкIи зэхэпцIыхьыжу екIуэкIынущ.

Нереис - псэущхьэ цIыкIу

Нереисыр уэшх хьэмбылум ещхьщ. Абы и Iэпкълъэпкъыр «уэрдыхъу» цIыкIу-цIыкIуу зэхэлъми ярейщ. Нереисхэм яхэтщ сантиметр 4-5 фIэкIа мыхъу кIагуэ жьгъейхэри, метр ныкъуэм фIэкIыу нэхъ кIыхьыIуэхэри. ТIуми шхыныгъуэу яIэр ятIэ щабэщ, плъыжьыфэу, гъуабжафэу е щхъуантIафэу. Нереисыр псэущхьэ къиинкъым, абы псыр шыугъэми мышуми и зэхуэдэщ. Лъышэ (кислород) щымыIэххэми къемэщIэкIми, абы щхьэкIэ гузэвэгъуэ хэткъым.

Чэщей жыгхэр

Гъэм и сыт хуэдэ зэманми и тхьэмпэхэр щхъуантIэщ. Езыр лъэпкъыгъуэ лъапIэхэм хабжэ. И пкъыр узэхъуэпсэну джафэщ (уеблэмэ адыгэхэм мыпхуэдэ псэлъафи яIэщ: «Чэщейм хуэдэу къабзэщ»). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, мы зэманым чэщейр Кавказ Ищхъэрэм щIагъуэу къыщыкIыжыркъым.

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 20, мэрем

♦Зи псэупIэр IэмалыншагъэкIэ зыхъуэжын хуей хъуахэм я дунейпсо махуэщ

♦Зоопаркым щаIыгъ пылхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ

♦1957 гъэм Москва Союзхэм я Унэм и Колоннэ залышхуэм къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м гъуазджэмрэ литературэмкIэ и гъэлъэгъуэныгъэр.

♦1920 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Кхъуэхъу Цуцэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ