Календарь событий

23 июня 2025

IэпщIэлъапщIэхэр къыщIагъэкI

КъБКъУ-м АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым къыщIигъэкIащ «Декоративно-прикладное искусство и народные промыслы» унэтIыныгъэм хыхьэ «Художественнэ хэдыкI» IэщIагъэр зэзыгъэгъуэтахэр. 
IэпщIэлъапщIагъэм хуеджахэм я диплом лэжьыгъэхэр зытеухуамкIи къагъэсэбэпа IэмалхэмкIи куэду зэщхьэщыкIырт. Адыгэ цIыхухъу, цIыхубз фэилъхьэгъуэхэр зэрызэрагъэпэщыжыр, ахэр зэманым декIуу къызэрагъэщIэрэщIэжыр удихьэхыу къагъэлъэгъуащ, дыщэидэр, бзылъхугъэ хьэгъуэлIыгъуэ бостейр хьэпIацIэщыгъэкIэ гъэдэхэныр хыхьэу. 

Отаров Керим и IэдакъэщIэкIхэр

КъБКъУ-м Отаровым и цIэкIэ щыIэ балъкъэр щэнхабзэ центрым иджы дыдэ къыщызэрагъэпэщащ «Хэку зауэшхуэр Отаров Керим и тхыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуэжар» зэпеуэр. Абы щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ ягъэлъэпIащ, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъумрэ Хэкум и хъумакIуэхэм я гъэу мы илъэсыр зэрагъэувамрэ я щIыхькIэ. 

IэмалыщIэхэмкIэ догуашэ

Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм щыIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэм и дохутырхэр Астрэхъэн онкодиспансерым кIуэри, IэмалыщIэхэм щагъэгъуэзащ абы щылажьэхэр. 
Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, щIыфэ, къупщхьэ, бгъэ лышхымкIэ Ростов онкологием и дохутыр Аушевэ Татьянэ тепсэлъыхьащ икIи игъэлъэгъуащ лышхым иубыда бгъэр зэрыщIахымрэ эндопротез зэрыхагъэувэмрэ. Ар зы операцэкIэ зэфIэкI Iуэхугъуэщ, сымаджэм тригъэзэжу операцэ ящIын хуэмейуэ. 

Дзадзум иращIэкI дауэдапщэхэр

Хуабжьу зихъуэжащ «ГущэхэпхэкIэ» дызэджэу щыта хабзэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, сабий къалъхуагъащIэр япэу гущэм щыхапхэкIэ хуащI дауэдапщэт ар. 
Нэхъыжьхэм ящIэж: егъэлеяуэ зыри хэлъу щытакъым абы. ЦIыху куэд зэхуамышэсу гуапэу зэфIэкI Iуэхут, псори зытеухуэжар сабийм и тыншыгъуэр арати. 
Иджы тлъагъур нэгъуэщIщ: цIыхубз лъхуагъащIэмрэ дзадзумрэ занщIэу шхапIэ ехьэжьам яшэ, куэду къызэхуэса благъэр, Iыхьлыр, ныбжьэгъухэр ягъэхъуэхъуэну. 

КъызэщIиIэтат, я дэрэжэгъуэт

Накъыгъэ мазэр гуфIэгъуэ махуэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ. Абыхэм ящыщу, дауи, нэхъ лъапIэ дыдэр ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъурт. Сыт щыгъуи хуэдэу, езым и увыпIэр иIыгъыжащ Накъыгъэм и 1-ми. Ауэ яхэтащ абыхэм ялъэмыIэсми, къэралым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIа нэгъуэщIхэри. Псалъэм и хьэтыркIэ, мы гъэм накъыгъэм и 15-м илъэс 90 ирикъуащ Москва и метрополитеныр къызэрызэIуахрэ. Щыхьэрым егъэщIылIами, ар а зэманым ныбжьыщIэ Совет Союзым и дежкIэ Iуэхушхуэу щытащ.

Хьэцэпэцэм щIадзэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прохладнэ, Май щIыналъэхэм я мэкъумэшыщIэхэр хьэцэпэцэ Iухыжыгъуэм псом япэу республикэм щыпэрыхьащ. ЖыпIэнурамэ, бжьыхьэсэ хьэр жыджэру нобэ кърахьэлIэж икIи гектар мини I00-м щIигъум ар къытрахыжащ зэкIэ. МэкъумэшыщIэхэм мыгувэу гуэдзым щIадзэнущ. 
Мы гъэм кърахьэлIэжыну гъавэщIэр щагъэтIылъыну хъумапIэхэр, элеваторхэр ирикъуу щыIэщ икIи ахэр лэжьыгъэм хуэхьэзырщ. 

Студентхэм тыншыпIэ къыхузэрагъэпэщ

Аруан щIыналъэм и Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм Хьэмдэхъу Башир и цIэр зэрихьэу дэт Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш-промышленнэ колледжым и общежитыр къызыхуэтыншэу мы гъэм зэрагъэпэщыжынущ. КъатиплIу зэтет унэм пэши I0I-рэ иIэщ, щаухуар I980 гъэрщ икIи иужьрей илъэс 25-м апхуэдэ лэжьыгъэхэр абы щрагъэкIуэкIакъым. 

«Адыгэ цIыкIум» и лэжьыгъэр

Адыгэбзэр къытщIэхъуэ щIэблэм яIурылъу, лъэпкъым и щэнхабзэм щыгъуазэу къэгъэхъунымкIэ лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI «Адыгэ цIыкIу» егъэджэныгъэ IуэхущIапIэм. Нобэ ди псэлъэгъущ абы и къызэгъэпэщакIуэ, зи IэщIагъэкIэ логопед, психолог Къармэ Iэсият.
- Iэсият, «Адыгэ цIыкIур» къызэрыунэхуам утезгъэпсэлъыхьынут.

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 23, блыщхьэ
Дунейпсо Олимп махуэщ
ООН-м къэрал къулыкъу щыщIэным и дунейпсо махуэщ
1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат КIэмыргуей Валентин.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ.  Хуабэр махуэм   градус 22 - 24-рэ, жэщым градус I5 - I6 щыхъунущ.
 
Лъэпкъ Iущыгъэ:

ПсэзэпылъхьэпIэм икIуэда зэшхэр

НэщIэпыджэ зэкъуэшищым я зауэ лъагъуэхэр къыщахутэжым зрихьэлIахэр къуэрылъхухэм къыщаIуэтэж мы тхыгъэм. 
Къасым
Къасым иужьрейуэ 39-нэ гвардейскэ фочауэ дивизэм сэлэту хэтащ. Ар I944 гъэм гъатхэпэм и 22-м хэкIуэдащ икIи Украинэм хыхьэ Одесскэ областым и Каспаровкэ къуажэм дэт кхъэм щыщIалъхьащ. Абы и унэцIэр сайтым зэрилъу къэдгъуэтар Нашипиговщ. ИужькIэ псори зэдгъэзэхуэжащ. 

Кулэрэ Лацэрэ

Мы таурыхъыжьыр къэзыIуэтэжа ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэса Щоджэн (Доткъул) Лауцэ ( и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI) и бынхэр щIипIыкIащ адыгэ IуэрыIуатэм.
«Таурыхъ къэс пэж гуэр зэрилъабжьэр хьэкъщ», - жаIэ. Апхуэдэщ Лауцэ къиIуэтэжауэ щыта мы хъыбарри. Мыбы къыхощ цIыхухэм я зэхущытыкIэр.
«Кулэрэ Лацэрэ жари хъыджэбз дахитI псэуащ пасэ зэманым. ТIури мазэ нэгурэ набдзэ фIыцIэу, я щхьэц Iувышхуэхэр быдэу ухуэнауэ я плIэм дэлъу, хуабжьу хъыджэбз зэкIужхэт.