|
|
Календарь событий
25 июня 2025
25 июня, 2025 - 19:15
«Уэрэ сэрэ» жыхуиIэ уэрэдыр жьыи щIэи яIурылъщ. Ар епшажьэмэ, къыбдемыжьууфынур мащIэщ…
Мы уэрэдыр хэкIуэтауэ пхуэзусами,
Мы си щхьэцым уэс мыткIужыр къытесами,
Сэ къысфIощIыр уэрэ сэрэ
Япэу нобэ дызэхуэзэу.
Уэрэ сэрэ,
Уэрэ сэрэ
Япэу нобэ дызэхуэзэу.
Гум дыхьэ уэрэдыр зытха Къуэдзокъуэ Хьэсэн и гъащIэр къызэрекIуэкIам и хъыбар къэпщIа нэужьщ, а уэрэдым щIилъхьа мыхьэнэр къыщыбгурыIуэр.
25 июня, 2025 - 18:20
Дэ ди адэшхуэхэу зэкъуэшищ хэтащ Хэку зауэшхуэм. НэхъыжьитIыр – НэщIэпыджэхэ Мусарэ Къасымрэ – зэрыхэкIуэдам и хъыбар къаIэрыхьауэ щытащ, ауэ ахэр щыщIалъхьа щIыпIэм зыри щыгъуазэтэкъым. Абыхэм я шы нэхъыщIэ НэщIэпыджэ Жэмалдин хъыбарыншэу кIуэдат, 1943 гъэ лъандэрэ.
25 июня, 2025 - 17:13
Агънокъуэ Лашэ (и цIэ дыдэр Адэлджэрийт, ауэ и анэр ЛашэкIэ еджэурэ абы къытенащ) ди хэкум и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэми къыщацIыхуу щытащ. Ар 1851 гъэм Дохъушыкъуей (иджы Старэ Шэрэдж) къуажэм къыщалъхуащ. И адэр пасэу лIэри и анэр зыдэкIуэжа унагъуэм дэщIыгъуу Къуэжьыкъуей Ищхъэрэ (иджы Шэрэдж Ищхъэрэ) къыщыхъуащ Лашэ. Ерэ фIырэ зэхищIыкI щыхъум къыщыщIэдзауэ дунейм ехыжыхукIэ Агънокъуэр хуэлэжьащ къызыхэкIа цIыхубэм и щэнхабзэр къэIэтыным, абы къафэ макъамэхэр, къебжэкI хьэлэмэтхэр зэхилъхьэрт, езыр пхъэцIычауэ Iэзэт.
25 июня, 2025 - 16:08
Тхьэщыгъуей Жаннэ
(новеллэ)
25 июня, 2025 - 14:50
Вэрокъуэ Мурат Анатолэ и къуэр Тэрч суд районым и суд участкэ №2-м и зэзыгъэкIуж судыщIэм и къулыкъум гъэувыным и IуэхукIэ
25 июня, 2025 - 13:44
КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм щрагъэблэгъащ Венгрием дзюдомкIэ щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым ещанэ увыпIэр къыщызыхьа Блий Iэюб.
25 июня, 2025 - 09:14
Мэкъуауэгъуэм и 25, бэрэжьей
ХыдзэлIым и дунейпсо махуэщ
Славянхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я махуэщ
1939 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Тимирязевым и цIэр зезыхьэ академием и профессор, КъШР-мрэ КъБР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Агъырбэ Юрий.
1941 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, журналист Нэхей Руслан.
|