Календарь событий

29 июня 2025

Псыр псэм пащI

Дызэфэ псыр - псэхэлъхьэжщ, анэ быдзы­шэми палъыт. Абы езыр-езыру зигъэкъэбзэжыфыну лъэкIыныгъэ иIэщ. Псэущхьэ­хэмрэ къэкIыгъэхэмрэ, машинэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм, къинэмыщIхэми къапкърыкIа гъуэзхэмрэ нэгъуэщI къинэмыщIхэмрэ яуцIэпIа нэужькIэ, псыр, дауи, зокIуэкI. Ауэ, ­зэман гуэр докIри, ар зэрыщытауэ къабзэ ­мэхъуж.  

КуэдкIэ щапхьэт

ЦIыхум и цIэр жаIэху псэущ, жаIэ. Пасэу дунейм ехыжами, лъэужь дахэ дунейм къытринащ Джэрмэн­шык Хьэжмурат Дулыхь и ­къуэм. Абы къыдэкIуэтей щIэблэр гъэсэным, егъэ­джэным, я Iэпкълъэпкъыр псыхьыным, спортым дегъэхьэхыным гуащIэшхуэ хилъхьащ. Уеблэмэ, и гъэсэн куэдым езым щапхъэ трахри, и лъагъуэм ирикIуауэ, ехъу­лIэныгъэфIхэр яIэу нобэ егъэ­джакIуэу мэлажьэ.

ЩIэблэхэр, лъэпкъхэр, щIыналъэхэр

Ди къэралым илъэс куэд лъан­дэрэ щагъэлъапIэ ЩIалэгъуалэм я махуэр. МахуэщIым и тхыдэ гъуэгуанэм уриплъэжмэ, Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэр хыболъа­гъуэ. Совет къэралыгъуэр къы­щыунэхуагъащIэ илъэсхэм къы­­щыщIэдзауэ Хэку зауэш­хуэр иухыхункIэ, ар ягъэлъапIэу щытащ шыщхьэуIум и иужь­рей тхьэмахуэ махуэм, «НыбжьыщIэхэм я дунейпсо ма­хуэ» фIэщыгъэр иIэу. А махуэщIым ирихьэлIэу зи щIалэгъуэхэр хущIэкъурт  зыпэрыт IэнатIэм ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрагъэхьэну, ­гуащIэдэкI лэжьыгъэм къыщыхэжаныкIыну.

Си къежьапIэр

 

 

 

ЦIыхум фIыуэ илъагъу, къызыхуигъэщIа Iэ­щIагъэр занщIэу къыхихыфмэ, и гъащIэм и ныкъуэр къехъулIауэ жыпIэ хъунущ. Си щхьэкIэ, щIэныгъэ зэзгъэгъуэтамрэ сызыпэрыува IэнатIэмкIэ сыщымыуауэ къысщохъу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхум и къежьапIэм лъабжьэ иIэщ, ар уи тегъэщIапIэу уи гъащIэ гъуэгуанэр хэпшмэ, ехъулIэныгъи уиIэну къызолъытэ. 

Анэбзэм и IэфIагъыр

Хэкупсэ нэсу дунейм тет зи щIалэгъуэ­хэм ящыщщ зи тхыгъэ фи пащхьэм итлъхьэну адыгэ бзылъхугъэ цIыкIур. Ар Шэт (Къармэ) Миланэщ, адыгэбзэмрэ ли­тературэмрэ щIэблэм егъэджын Iэ­щIагъэр зригъэгъуэтауэ щола­жьэ Налшык дэт гимназие №1-м. ЦIыхубз жыджэрыр апхуэдэуи ягъэуващ школым и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэу.