|
|
Календарь событий
30 июня 2025
30 июня, 2025 - 19:25
Триатлоным дихьэххэм я дунейпсо зэхьэзэхуэ «Джылы-Су Мэн» фIэщыгъэр зэрихьэу иджыблагъэ екIуэкIащ, КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу.
30 июня, 2025 - 18:34
Рационализаторхэмрэ (IэмэпсымэщIэхэр къэзыгупсысхэмрэ) инженерхэмрэ (IэмалыщIэхэм зезыгъэубгъухэмрэ) я махуэр гъэ къэси гъэлъэпIэным ехьэлIа унафэр СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1980 гъэм къищтат.
30 июня, 2025 - 18:23
2025 гъэм и щIышылэм - мэлыжьыхьым Урысей Федерацэм макаронхэкIыу тонн зы мелуан ныкъуэм щIигъу къыщыщIагъэкIащ.
30 июня, 2025 - 17:32
«Локомотив» спорт зэгухьэныгъэм и саугъэтыр художественнэ гимнастикэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ. «Къуршхэм я таурыхь» зыфIаща зэпеуэм хэтащ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 23-м я спортсмен 500, КъБР-м и гимнасткэ 15 яхэту.
30 июня, 2025 - 17:21
Дахагъэри, губзыгъагъэри, гуапагъэри, гулъытэри, дэтхэнэ гурыщIэ куури цIыхум щигъэунэхур и Iэпкълъэпкъыр узыншэмэщ, абы къыхэкIыу, зи IэнатIэм напэ къабзэкIэ бгъэдэт дохутырхэм я пщIэр пIэткIэ, ар зэи егъэлеиныгъэ хъунукъым. Медицинэм и лэжьакIуэхэм я махуэм щIакIуэ кIэлъытщтэж щIыкIэу, нобэ Боткин Сергей и Iэгъуапэмс диплъэну дигу къэкIащ.
30 июня, 2025 - 16:29
КъБКъУ-м и библиотекэм щекIуэкIащ «Северный Кавказ в годы Великой Отечественной войны: историческая память и вызовы современности» зэIущIэр.
30 июня, 2025 - 15:52
Хэку зауэшхуэм хэтахэм зэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ теухуауэ сыт хуэдиз псалъэ гуапэ жыдмыIэми лей хъунукъым, ТекIуэныгъэ Иныр къэзыхьахэм яхуэфащэ фIыщIэр къэIуэтэгъуейщи. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъумрэ Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсымрэ лIыхъужьхэр дигу къыдогъэкIыж.
30 июня, 2025 - 15:46
Налшык ЩIалэгъуалэм я унэм мэкъуауэгъуэм и 28-м гукъинэжу щагъэлъэпIащ ЩIалэгъуалэм я махуэр. Концертыр ирагъэкIуэкIащ Громов Денисрэ Благодарная Каринэрэ.
Пшыхьыр Урысейм и ГимнымкIэ къызэIуаха нэужь, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым къеджащ республикэм и Iэтащхьэм щIалэгъуалэм зэрызахуигъазэ тхыгъэм. Абы итт:
30 июня, 2025 - 15:10
СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Европэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и чемпион, дунейпсо Кубокыр къэзыхьа Жаным Аслъэн и фэеплъ зэхьэзэхуэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Шэшэным, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ставрополь крайм я бэнакIуэ 300-м щIигъу, 2011 - 2014 гъэхэм къалъхуауэ.
30 июня, 2025 - 14:05
Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, хьэршым къикIыу ЩIым къылъэIэса «Тунгус метеорит» зыфIаща мывэ скъар абрагъуэр ди къэралым Сыбыр лъэныкъуэмкIэ щыIэ и щIыналъэм, нэхъ пыухыкIауэ жытIэмэ, псыхъуэхэу Ленэрэ Тунгускэрэ я зэхуаку дэт мэзылъэ тIуащIэшхуэм 1908 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м щехуэхауэ щытащ.
30 июня, 2025 - 13:01
XVI-XVII лIэщIыгъуэхэм Польшэр зэпымыууэ щIэкъуащ Шэрджэсым зыкъызэрыпищIэным. Лыхьхэм (полякхэм) я дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэт: адыгэхэр зауэшыти, дахьэхыурэ я дзэм хашэрт, зауэ къалъыкъуэкIмэ, Кавказым ираша адыгэхэрат пашэр.
30 июня, 2025 - 12:50
ЦIыхур хъуапсэурэ, къэкIуэну зэманым ехьэлIа Iуэхугъуэхэр зэтреублэ, ауэ абы ищIэркъым нэху къемыкIынуми.
30 июня, 2025 - 11:48
Мэкъуауэгъуэм и 30, блыщхьэ
Парламентаризмэм и дунейпсо махуэщ
Астероидым и дунейпсо махуэщ
1908 гъэм Бахъсэн, Дзэлыкъуэ мэкъумэшыщIэхэм зыкъаIэтащ.
1891 гъэм къалъхуащ шыхъуэ цIэрыIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Щоджэн ТIэлашэ.
1945 гъэм къалъхуащ Канадэм щыщ профессор, адыгэбзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, нарт эпосым тетхыхьа Коларуссо Джон.
|