|
|
Календарь событий
03 июля 2025
3 июля, 2025 - 17:29
Пуэрто-Рикэ дэт университетым зэгъэпщэныгъэ литературэмкIэ и профессорщ Баральт Люси 1983 гъэм щегъэжьауэ морискхэм я тхыдэр джынымкIэ Тунисым щыIэ дунейпсо комитетым и вице-президенту мэлажьэ. Иджыблагъэ абы къыдигъэкIащ «Испанием щыпсэуа муслъымэнхэм я литературэ щэху» зыфIища тхылъыр.
3 июля, 2025 - 16:25
Япэу ягъэуващ 1901 гъэм. Ар ират щIэныгъэм, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIхэм, мамырыгъэр хъумэным къахэжаныкIхэм. А саугъэтыр ят Нобель Альфред щылIа махуэм – дыгъэгъазэм и 10-м. Щатыр Швециерщ. Саугъэтыр къыхокI а фондым иIэ хэхъуэм.
АЛЫФБЕЙР КЪЫЗЭРАГУПСЫСАР
3 июля, 2025 - 14:06
«ACA 188» фIэщыгъэр зэрихьэу зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ Сочэ къалэм и «Сириус» щIыпIэм щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен ПщыукI Азэмэт.
3 июля, 2025 - 13:03
Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм «стIол хъурей» щекIуэкIащ наркоманиемрэ наркотикхэр щэнымрэ ебэныным теухуауэ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэбграгъэхым кIэлъыплъынымкIэ и управленэмрэ библиотекэмрэ.
3 июля, 2025 - 12:01
Зэман мащIэщ Гъубжокъуэ Лиуан адыгэ литературэм зэрыхэлэжьыхьар, ауэ абы куэд хузэфIэкIащ - хамэ уэрэд емыжьууэ, езым и лъагъуэ, лирик нэсым и лъэужь литературэм щыпхишыни къехъулIащ. ХузэфIэкIащ фIыуэ илъагъу и IэщIагъэм хуэпэжти, хуэIэижьти, и гъащIэри и гуащIэри щIыхь зыпылъ а Iуэху лъапIэм триухуати.
Гъубжокъуэм хэлъхьэныгъэфI хуищIащ адыгэ усыгъэми сабий литературэми. Абы и фIыщIи и щытхъуи хэлъщ адыгэ уэрэдым игъуэта зыужьыныгъэм.
3 июля, 2025 - 11:57
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэ КIэмпIарэ Марат Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и чемпион зэрыхъуам теухуа хъыбар ди газетым тетащ махуэ зыбжанэ ипэкIэ. Нобэ фи пащхьэ ныдолъхьэ зэхьэзэхуэ нэужьым «WRESTRUS.RU»-м и журналистым и упщIэхэм абы иритыжа жэуапхэр. Ди гугъэщ ар гъэщIэгъуэн фщыхъуну.
3 июля, 2025 - 10:55
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и хабзэгъэув лъабжьэм 2024 гъэм и щытыкIам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и докладым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и хабзэгъэув лъабжьэм 2024 гъэм и щытыкIам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и докладыр къэщтэн.
3 июля, 2025 - 10:49
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа унафэ №211-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м Налшык къалэ №56-ПП
3 июля, 2025 - 09:46
Бадзэуэгъуэм и 3, блыщхьэ
ГИБДД-м (ГАИ-м) и лэжьакIуэхэм я махуэщ
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УказкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Ленин орденыр етIуанэу къыхуагъэфэщащ.
Дунейм и щытыкIэнур
|