|
|
Календарь событий
04 июля 2025
4 июля, 2025 - 16:00
Адыгэ хабзэр зищIысым, ар зыхуэдэм, абы къызэщIиубыдэ Iыхьэхэм, лъэпкъым и гъащIэм щиубыд увыпIэм теухуа тхыгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ зыщ Шэрджэс Алий абы триухуари. Мы тхыгъэмкIэ абы къигъэлъэгъуащ адыгэ хабзэр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу лъэпкъым къызэрыдекIуэкIыр.
4 июля, 2025 - 15:47
Гъэсыныпхъэ-энергетикэ комплексыр лэжьэным егъэщIылIауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм хэплъэнымкIэ ведомствэ зэхуаку лэжьакIуэ гупым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м къыдигъэкIа унафэ №41-РГ-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
4 июля, 2025 - 15:30
Ди планетэм турист IуэхущIапIэ япэ дыдэу къыщызэIузыхауэ къалъытэр 1808 - 1892 гъэхэм псэуа инджылыз хьэрычэтыщIэ Кук Томасщ.
XIX лIэщIыгъуэм икухэм ирихьэлIэу Инджылыз къэралыгъуэм куэду щыхэхъуат фадэ зи нэрыгъхэм я бжыгъэм. Кук Томас а зэманым хуэзэу фадэ ефэныр зыгъэхьэрэму чыристэн диным и зы къудамэ баптист унэтIыныгъэм и телъхьэ хъуати, еш жыхуаIэр имыщIэу, а Iуэху мыдахэм цIыхухэр къызэрыхишыным яужь ихьат.
4 июля, 2025 - 14:44
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Къэрал наградэхэмкIэ щыIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2021 гъэм гъатхэпэм и 11-м къыдигъэкIа Указ №25-УГ-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
4 июля, 2025 - 13:00
Бадзэуэгъуэм и 4, мэрем
1766 гъэм къалъхуащ убыххэм я дзэпщ цIэрыIуэу щыта, Кавказ зауэм и лIыхъужь Бэрзэдж Дэгумыкъуэ Хьэжы-Исмэхьил.
1920 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къэбард.
1967 гъэм къалъхуащ тележурналист Жэман Мадинэ.
1975 гъэм къалъхуащ дунейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион Бажэ Заудин.
Дунейм и щытыкIэнур
4 июля, 2025 - 12:57
Хъыбар зиIэ псалъэжьхэр ди IуэрыIуатэм и къудамэ нэхъ ин дыдэщ. Ахэр зэхуэхьэсыжыным, джыным елэжьахэм ящыщщ 2001 гъэм дунейм ехыжа тхакIуэ, журналист, къэхутакIуэ цIэрыIуэ КIурашын БетIал. Абы зэхуихьэсауэ щыта хъыбархэм, къэхутэныгъэхэм ящыщщ нобэ фи пащхьэм итлъхьэр.
4 июля, 2025 - 12:35
Хьисэ бегъымбарыр къалъхуным и пэкIэ 479 гъэм Эсхил щитхыгъащ и «Прометей кIэраIулIам: «Псытепхъэ бгъуэтынукъым бгыхэм я бгыж Кавказым, псыпыху Iэлхэр къуршыщхьэм къыщелъэ щIыпIэм, унэмысауэ. Вагъуэ дыдэхэм я лъабжьэм къыщожьэ бгы задэхэр». Кавказым и щхьэхуэныгъэхэм теухуауэ ятха куэд и тхылъым къыщехь журналист, публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
4 июля, 2025 - 11:36
Адыгэ Республикэм щылажьэ «Шу Хасэм» и лIыкIуэхэр мы гъэм еханэу хэтащ Бытырбыху и Iэгъуэблагъэм гъэмахуэ къэс щекIуэкI «Иппосферэ» шы гъэлъэгъуэныгъэм. Шыхъуэхэмрэ шыхэмрэ, сабийхэмрэ балигъхэмрэ къезышалIэ, фэкIи бзэкIи зэмыщхь цIыхухэр ныбжьэгъу зэхуэзыщI спорт-щэнхабзэ зэхьэзэхуэр сыт щыгъуи гукъинэж мэхъу.
4 июля, 2025 - 11:00
Совет лъэхъэнэм къыкIэлъыкIуа зэхъуэкIыныгъэ ткIийхэр зыхуэфIа куэд щыIэкъым, ар IэнатIэ е цIыху щхьэхуэ ирехъу. ЗэхъуэкIыныгъэхэр зылъэмыIэса унэтIыныгъи къыщыгъуэтыгъуейщ ди гъащIэм: экономики политики, щIэныгъи щэнхабзи, нэгъуэщI-къинэмыщIи. псом нэхърэ ар нэхъ къызытехьэлъахэм ящыщщ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыту Хэкум, къэралым цIыху нэс, пэж хуэгъэсэныр зи къалэну щытахэрщ. А лъэхъэнэм Iэпэдэгъэлэл хъуахэм халъытэ хэкупсэ гъэсэныгъэр. АтIэми иужьрей зэманым абы и Iуэхур къаIэтыжащ, щIэблэм егъэгъуэтыпхъэ дуней еплъыкIэмрэ гупсысэмрэ гулъыти нэхъ хуащI хъуащ.
|