Календарь событий

05 июля 2025

Къалэнхэр зэрагъэзэщIэну щIыкIэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Парламентым Зэ­ры­зы­хуигъэзам къыщыгъэлъэгъуа къалэнхэр зэрагъэ­зэщIэну щIыкIэм теухуа унафэ къыщащтащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и гъатхэ сессиер зэрызэхуащIыж зэIущIэу абы и президиумым иригъэ­кIуэкIам.

Жэуаплыныгъэшхуэ яхэлъу ягъэзащIэ я къалэныр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэрал ав­тоинспекцэм и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ я IэщIагъэм и махуэмкIэ.

«ЗэманыщIэм хуэгъэпса гупсысэ лъэщхэр»

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ зэIущIэ ин Москва дэт «Урысей» лъэпкъ центрым мы махуэхэм щекIуэкIащ. Стратегие жэрдэмхэр пхыгъэкIынымкIэ агентствэмрэ «Урысей конгресс» фондымрэ къызэрагъэпэща зэхыхьэшхуэм хэтащ УФ-м и Президент Путин Владимир, къэралым хыхьэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, къулыкъу лъагэ пэрытхэр, жэрдэмыщIэхэр зи куэд щIалэгъуалэр. Форумым щыIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

ЗауэлIхэм яIуощIэ

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Чайкэ Юрийрэ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэмрэ яIущIащ «Тэрч» дзэ зэгухьэныгъэм щы­щу дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIэхэу загъэпсэхуну къэкIуэжахэм.

Налшык щыIэнущ журналист зэхуэсышхуэ

ШыщхьэуIу мазэм и 7 - 8-хэм ди республикэм и къа­лащхьэ Налшык щы­зэ­хэтынущ Урысей Феде­рацэм и журналистхэм я «Инфорум» зэхуэсыш-хуэр. Абы теухуа хъыбар ­КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Жы­ласэ Заурбэч бадзэуэгъуэм и 3-м щигъэIуащ а жылагъуэ зэгухьэныгъэм и правленэм хэтхэм я зэIущIэм. 

Бэракъ лъапIэр иратыж

«Тэрч» къэзакъ тIасхъэщIэх гупым дыгъуасэ иратыжащ абы хэтхэм ябгъэдэлъ зауэ зэ­фIэкI лъагэхэм къапэкIуа къэрал фIыщIэм щыхьэт техъуэ Бэракъ лъапIэр. УФ-м и Президент Путин Владимир и IэщIэдзыр зытелъ, апхуэдэуи «Тхьэр фщIыгъущ» псалъэхэр зыт­ритха а ныпыр зауэлIхэм щратыж зэIущIэм хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIы­кIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, адрей щIыналъэхэм я уна­фэщIхэр.