|
|
Календарь событий
06 июля 2025
6 июля, 2025 - 14:30
Ди республикэм, Урысей Федерацэ къэралышхуэм зэрыщыту бзэ щIэныгъэм зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, абы и къэкIуэнум псэ хьэлэлкIэ илъэс куэдкIэ хуэлэжьа лъэпкъ IэщIагъэлI пажэхэм, цIэрыIуэхэм ящыщщ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием, АкмеологиемкIэ Дунейпсо академием я академикыу щыта, адыгэ еджагъэшхуэ, хэкупсэ нэсу зи гъащIэр езыхьэкIа Апажэ Мухьэмэд Лэкъумэн и къуэр (1930 - 2023).
6 июля, 2025 - 14:30
ЛIэщIыгъуэ блэкIам и тхущI гъэхэм я пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и жэмышхэм зэхаублауэ щыта зэхьэзэхуэм куэдым я цIэр жыжьэ щигъэIуащ, пщIэрэ щIыхьрэ къахуихьащ. Абыхэм ящыщщ зи гъащIэ псор лэжьыгъэшхуэрэ цIыхугъэ лъагэкIэ гъэнщIауэ къэгъуэгурыкIуа, зыпэрыта IэнатIэм и зыужьыныгъэм зи гуащIэр хьэлэлу езыта Пащты Салимэ Мэзан и пхъур.
6 июля, 2025 - 14:24
ЕсэнтIыгу къалэм щекIуэкIащ Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я кубокыр къэхьыным ехьэлIауэ бэнэкIэ хуитымкIэ зэпеуэ ин. Кавказ Ищхъэрэм и спортсмен ныбжьыщIэхэм къищынэмыщIауэ, абы кърихьэлIат Армениемрэ Осетие Ипщэмрэ къикIахэри. Псори зэхэту цIыху 200-м щIигъу.
6 июля, 2025 - 10:00
«2025 гъэм и къэрэгъул нэхъыфI» еплъыныгъэ-зэпеуэ щекIуэкIащ Анзорей къуажэм щыIэ МафIэс-къегъэлакIуэ часть №14-м и хэщIапIэм. Абы къыщыхахащ къэрэгъул нэхъыфIыр, апхуэдэуи зи IэщIагъэкIэ пэрытхэр (къудамэм и командир, мафIэсгъэункIыфI, мафIэсгъэункIыфI машинэр зезыгъакIуэ).
6 июля, 2025 - 09:30
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хэт галереем щокIуэкI «Ах, мой Чегем…» гъэлъэгъуэныгъэр. Ар къызэрагъэпэщащ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт скульптор Черкесов Тахир къызэралъхурэ илъэс 65-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.
6 июля, 2025 - 09:30
Урысей Федерацэм пашэныгъэр къыщыхьыным теухуауэ Екатеринбург къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс тIощIым щIимыгъуахэм атлетикэ псынщIэмкIэ я зэхьэзэхуэ.
|