|
|
Календарь событий
07 июля 2025
7 июля, 2025 - 15:44
КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ дэнлъэч пасэрей IэщIагъэ дахэм дихьэххэм я лэжьыгъэхэр. Ар къызэригъэпэщащ ХьэцIыкIу Рае зи унафэщI, адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, щэнхабзэр хъумэным телажьэ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым.
Гъэлъэгъуэныгъэм хузэхуахьэсат дыщэидэкIэ щIа бзылъхугъэ пхъуантэ цIыкIухэр, хьэлэмэту зэIуща цIуугъэнэхэр, жьыхухэр, пэшхэр зэрагъэдахэ, шууейхэм къагъэсэбэп хьэпшыпхэр, нэгъуэщIхэри. Лъэпкъ IэщIагъэр зи лъабжьэ а дахагъэм уимытхьэкъункIэ Iэмал иIэкъым.
7 июля, 2025 - 15:21
Анэдэлъхубзэм ди гъащIэм щиубыд увыпIэм куэд тотхыхь икIи топсэлъыхь. Бзэращ лъэпкъым и дамыгъэ нэхъыщхьэр. Арагъэнщ апхуэдиз гурыгъуз абы къыщIылъыкъуэкIри. Адыгэбзэм ди гъащIэм щиубыд увыпIэм, абы и мыхьэнэм теухуащ Хьэрэдурэ Аллэ и тхыгъэри.
7 июля, 2025 - 14:55
Мы махуэхэм илъэси 105-рэ ирокъу Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къэбард Лэкъумэн и къуэр къызэралъхурэ. Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Аушыджэр (Дыгъужьыкъуей) адыгэ къуажэм 1920 гъэм къыщалъхуащ Къардэныр. ЗауэлI хахуэм, Хэкум и къыщхьэщыжакIуэ нэсым и гъащIэр ещхьт вагъуэижым - махуэ 257-рэщ ар Хэку зауэш¬хуэм зэрыхэтар.
Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Къэбард сыхьэтихым къриубыдэу и танкымкIэ нэмыцэ фашисту 50-м щIигъу иукIащ, топу 5 икъутащ, къуентхъыу танки 7, топ I3, автомашинэ 78-рэ дыдейхэм къаIэрыхьэным хэлIыфIыхьащ...
7 июля, 2025 - 14:22
Бадзэуэгъуэм и 7, блыщхьэ
7 июля, 2025 - 13:18
Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэр дигу къыдогъэкIыж ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрихьрэ илъэс 80 мы гъэм зэрырикъуам и щIыхькIэ. ЩIэныгъэлI, тхакIуэ Къардэн Бубэ Хэку зауэшхуэм и пэм щыщIэдзауэ и кIэ пщIондэ хэтащ.
7 июля, 2025 - 12:26
Пушкин Александр дунейм къыщытехьа махуэр УФ-м Урысыбзэм и махуэу щагъэуващ. Абы ирихьэлIэу, гъэ къэс усакIуэ цIэрыIуэм и тхыгъэхэм щыщ гуэрхэр адыгэбзэми къидгъэзагъэ зэрыхъунум щIэх-щIэхыурэ ди гупсысэр хуокIуэ. Ар езы усакIуэр нэхъыфIу зэдгъэцIыхунымкIи IэмалыфIщ.
7 июля, 2025 - 12:12
Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм зи гумрэ зи псэмрэ хуэзыгъэтIылъа дэтхэнэри и гъащIэ псокIэ а IэщIагъэм хуэпэжу къонэж, а IэнатIэм пэрытми абы пэIэщIэ хъуами емылъытауэ. Ар дапщэщи щIэблэм я ущиякIуэщ, щIэныгъэм и джакIуэщ. ЗыхэпсэукI зэманым декIуу, сыт и лъэныкъуэкIи и лэжьыгъэр иригъэфIакIуэрэ къызыхуэтыншэу къызэригъэпэщу егъэджакIуэ IэнатIэм илъэс 50-м нэскIэ пэрытащ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэм щыпсэу Езий Тамарэ (Зое) Хьэсэнбий и пхъур.
7 июля, 2025 - 11:18
ЛIэщыгъуэрэ ныкъуэм щIигъуащ адыгэхэм я нэхъыбэм адэ хэкужьыр зэрабгынэрэ. Щалъхуа щIыналъэр ди лъэпкъэгъухэм IэщIыб ящIын папщIэ лъэкI къагъэнакъым Урысейм и пащтыхьымрэ Тыркум и сулътIанымрэ. Илъэс куэдкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэр щиухам адыгэхэм я нэхъыбапIэр къарукIэ ирахуат е гъэпцIагъэкIэ хэхэс хъуат. Ди лъэпкъэгъухэм нобэ уащыхуэзэнущ къэрал куэдым. Абыхэм псом нэхърэ нэхъыфIу яхэзыщIыкI, КъБР-м, АР-м, КъШР-м я щIыхь зиIэ журналист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэритхыжамкIэ, Тыркум адыгэу мелуанищым щIигъу щопсэу, ауэ зи анэдэлъхубзэр зыщIэжыр а бжыгъэм и Iыхьэ щанэрщ.
|