Календарь событий

09 июля 2025

Ди гъащIэр куэдым елъытащ

Иужьрей зэманым куэдрэ тепсэлъыхь хъуащ цIыхум и Iэпкълъэпкъым и псынщIагъ-хьэлъагъым, абы езым и гъурагъ-пшэрагъым къыгуэхыпIэ имыIэу и узыншагъэр, и гъащIэр зэрелъытар. Абы теухуа хъыбархэмрэ рекламэкIэ гъэнщIащ телевизорым и нэтынхэр, газетхэм, журналхэм я напэкIуэцIхэр. «Iэпкълъэпкъыр - ар уи гъащIэ псом къыздепхьэкI хьэлъэщ, ар нэхъ хьэлъэху, уи гъащIэри нэхъ кIэщI мэхъу», - жиIащ дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ щIэныгъэлI Глазго Арнольд. Пэж дыдэу, цIыхум лы лей зыкIэрилъхьэныр зэранщ и узыншагъэмкIэ, сыту жыпIэмэ, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, абы узыфэ куэд къегъэхъей.

Тэнащхэ я лIэужь

Тэнащ Хьэжымырзэ Урыху къуажэм къыщалъхуащ 1957 гъэм. Москва дэт ерыскъы институтыр къиухри, илъэс куэдкIэ инженер-технологыу лэжьащ. И унэгуащэ, филолог Тэнащ (Надзырэ) Тамарэ, лэжьыгъэ IуэхукIэ Тыркум ирагъэблэгъати, зэщхьэгъусэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ щопсэу Къайсэр къалэм. 

IэдакъэщIэкI купщIафIэхэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм япэу щагъэлъагъуэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, Германием щыпсэу ди хэкуэгъу цIэрыIуэ Хьэжу Мурат и лэжьыгъэхэр.
«Возвращение» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа лэжьыгъэкIи ахэр зэригъэхьэзыра IэмалкIи щIэщыгъуэщ. 1995 гъэ лъандэрэ Германием щыпсэу икIи щылажьэ ди хэкуэгъу щIалэр республикэм зэрыхуэзэшыр къигъэлъэгъуащ щэкIым трищIыхьа сурэтхэмкIэ. Выставкэм абы и графикэ лэжьыгъэхэри, анимацэ фильмитIи щегъэлъагъуэ. Абыхэм лъабжьэ яхуищIар цIыхур, дуней псор зыгъэгузавэ Iуэхугъуэхэрщ. 

Гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн

Мухьэмэд Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар иджырей махуэгъэпсымкIэ илъэс 1455-рэ зэрырикъум траухуащ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм тхылъ щеджэ и пэшым къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэр. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«ФадэхэкIхэу икIи фадэ зыхэмыт къэзыгъэжан ткIуаткIуэхэу тыкуэнхэм щащэхэм мардэ яхуэгъэувыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Административнэ хабзэхэр къызэпызыудхэм яхуэгъэза и Кодексым и 1-1.13-нэ статьямрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектым и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Адыгэбзэм хуэдэу дахэ щыIэкъым

Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и фIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Ауэ ар зымылъытэ, абы пщIэ хуэзымыщI куэдым гъащIэм ущрохьэлIэ. Уахуозэ зи бзэкIэ мыпсэлъэжыфхэми, мытхэфхэми, уеблэмэ ар къызыгурымыIуэхэри щыIэщ. Апхуэдэхэр мымащIэу къытхэтщ адыгэхэми. Абы теухуа и еплъыкIэр къиIуэтащ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ илъэс куэдкIэ егъэджакIуэу лэжьа Табыхъу Ларисэ.

Зыужьыныгъэм гъунэ иIэкъым

ЦIыхумрэ абы и зэIузэпэщыныгъэмрэ япэ ирагъэщу лэжьыгъэ зэтеубла щокIуэкI ди республикэм. IэнатIэхэм къыщалэжьхэм уакIэлъыплъмэ, блэкIа илъэсым ВРП-р сом мелард 325,5-рэ хъуащ, ерыскъыпхъэу къыщIагъэкIым и индексыр зэи хуэмыдэу хэхъуащ – проценти 121,4-рэ. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Урысейм етIуанэ увыпIэр щиIыгъщ. 

Шэ цIывами гу шынамкIэ зегъазэ

Хахуагъым теухуа псалъэжьхэр

Лъэпкъ хьэлыр къозыгъэцIыхур псалъэжьхэмрэ IуэрыIуатэмрэщ. Псом хуэмыдэу, ар наIуэ мэхъу зы темэм ехьэлIа жыIэгъуэхэр зэхуэпхьэсыжмэ. Мыбдежым адыгэр шынэм, лIыгъэм, хахуагъым, къэрабгъагъым зэреплъхэр къэзыгъалъагъуэ псалъэжьхэр щызэхуэтхьэсащ, ягъэIурыщIа Iэщэхэм я цIэхэми ущрохьэлIэ. Ауэ щыхъукIэ, щабагъыр, гъэсэныгъэр, хабзэр ипэ зэрырагъэщыр щIахъумэркъым. 

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 9, бэрэжьей