|
|
Календарь событий
10 июля 2025
10 июля, 2025 - 18:39
ГъэщIэгъуэнщ
Мы фIэщыгъэр зей жылэр а цIэ дыдэр зезыхьэ псы Iуфэм Iусщ. Гумрэ Балъкърэ хэлъэдэж псыхэр зэхэзыгуэшыкI сэнтхыщхьэу Къырылъэ шытхым хиубыдэм и зы папцIапIэ БырмамытI Iуащхьэм (метри 2592,3-рэ и лъагагъщ) ар километри 6-кIэ пэжыжьэщ. Къэрэшей - Шэрджэсым и зы щIыналъэу «Къэрэшей ЦIыкIу» зыфIащам и къуажащхьэ Учкекен километр 66-кIэ (гъуэгумкIэ) пэIэщIэщ.
10 июля, 2025 - 16:55
Хэку зауэшхуэм ди къэралым текIуэныгъэ къызэрыщихьрэ мы гъэм илъэс 80 ирокъу. Дэтхэнэ зы лъэпкъми, унагъуэми яIэщ езыхэр зэрыгушхуэ лIыхъужьхэр. Адыгэхэр къапщтэмэ, щхьэмыгъазэу а зауэм хэтащ, икIи фашист зэрыпхъуакIуэхэр ди лъахэм ирахужащ къэбэрдей, адыгей, шапсыгъ, шэрджэс лIы хахуэхэм. Абыхэм ящыщщ хы ФIыцIэ Iуфэм Iус ди лъэпкъэгъухэм къахэкIа Тхьэгъущэ Исмэхьил Хьэлэл и къуэр.
10 июля, 2025 - 16:47
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Коррупцэм пэщIэтыным теухуауэ щекIуэкI лэжьыгъэр зэщIэгъэуIуэнымкIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №149-УГ-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
10 июля, 2025 - 16:12
Адыгэбзэмрэ литературэмрэ курыт школым тэрэзу щезыгъэдж IэщIагъэлIхэр и мащIэкъым Дзэлыкъуэ районым. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ екIуэкI зэпеуэм жыджэру хэтщ икIи текIуэныгъэ къыщахь а щIыналъэм и егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэхэм. Абыхэм ящыщщ Сэрмакъ дэт курыт школ №2-м лъэпкъыбзэр илъэс куэд щIауэ щезыгъэдж, гъэсакIуэ, унэтIакIуэ Мэшыкъуэ (Бекъул) Iэсият.
10 июля, 2025 - 15:45
Б.550.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм литературэмрэ гъуазджэмрэ я IэнатIэм щагъэува Къэрал саугъэтым теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм щIышылэм и 26-м къыдигъэкIа Указ №10-УГ-мкIэ къащтам и 5-нэ пунктымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмрэ техникэмрэ я IэнатIэм щагъэува Къэрал саугъэтым теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм щIышылэм и 26-м къыдигъэкIа Указ №11-УГ-мкIэ къащтам и 5-нэ пунктымрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
10 июля, 2025 - 15:00
«Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм зэгурыIуэныгъэкIэ дзэ къулыкъу щезыхьэкI дзэ къулыкъущIэхэм зэ етыгъуэкIэрэ ахъшэхэр етыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2024 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыдигъэкIа Указ №63-УГ-м и 1-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
10 июля, 2025 - 12:38
УзыфI щыIэкъым, я нэхъ мыхьэнэншэми уегъэщхьэжагъуэ. Апхуэдэ щытыкIэм къихута нэужьщ, цIыхум и узыншагъэм хуэфащэ гулъытэ зэрыхуамыщIар къыщыгурыIуэжыр. ДяпэкIэ нэхъ набдзэгубдзаплъэу фызыхущытыжын папщIэ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм я нэщэнэхэр зыхуэдэр, абыхэм зэрызащыпхъумэнум теухуауэ медицинэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэм къытхуаIуэтахэм фыщыдогъэгъуазэ.
10 июля, 2025 - 11:18
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хэт галереем щокIуэкI «Ах, мой Чегем…» гъэлъэгъуэныгъэр. Ар къызэрагъэпэщащ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт скульптор Черкесов Тахир къызэралъхурэ илъэс 65-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.
10 июля, 2025 - 10:01
Бзэр къарууншэ зэрыхъумрэ щIалэгъуалэр Хэкум зэрикIымрэ нэхърэ нэхъ дызыгъэпIейтей Iуэхугъуэ щекIуэкI къыщIэкIынкъым ди щIыналъэм. А IуэхугъуитIым хэкIыпIэрэ гупсысэу ирахьэлIэм тедгъэпсэлъыхьащ мы махуэхэм «Адыгэ псалъэм» къытхуеблэгъа Гуанэ (Махъсидэ) Аидэрэ Емкъуж Элинэрэ.
10 июля, 2025 - 09:00
Бадзэуэгъуэм и 10, блыщхьэ
1922 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ, Абхъазым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэнфэн Алим.
1931 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и юрист Щоджэн Iэбу.
1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Срыкъуэ ХьэмщIасэ.
1934 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ибрэхьим Хьэмзэт.
|